|
Календарь событий
20 января 2025
20 января, 2025 - 19:04
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм зи школ кIуэгъуэм нэмысахэр зэрырагъаджэ программэр щызыгъэзащIэ къэрал, муниципальнэ еджапIэ IуэхущIапIэхэм сабийхэм зэрыщакIэлъыплъым икIи ахэр зэрыщызэрахьэм пэкIуэу я адэ-анэхэм нэхъыбэ дыдэу Iах пщIэр 2025 гъэм гъэувыным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
2024 гъэм дыгъэгъазэм и 27-м Налшык къалэ №215-ПП
20 января, 2025 - 18:58
Хэт ищIэрэ лIэщIыгъуэ дапщэ и ныбжьми, сыт и къежьапIэ хъуами, ауэ шэч хэлъкъым зэрыхабзэфIым ди лъэпкъым сабий къащыхэхъуэкIэ хэхауэ жыг лIэужьыгъуэ хухасэу зэрыщытар: пщащэ цIыкIумэ - къыпцIей, шэдыгъуей е пхъэгулъей, щIалэ цIыкIумэ - Iэмал имыIэу кхъужьей и кхъужь Iэрысей, мей е мыIэрысей.
Хьэкъун Барэсбий «Мылъкум ефIэкI хъугъуэфIыгъуэ. Адыгэхэм я мэкъумэш, ботаникэ щэнхабзэр» тхылъым гъэкIэщIауэ къыхэтха мы тхыгъэр теухуащ жыг гъэкIыным ди лъэпкъым хуищIу щыта гулъытэм.
20 января, 2025 - 17:53
ЩIэныгъэлIхэм къызэрахутауэ, цIыху къызэрыгуэкIхэми гу зэрылъатауэ, адыгэ, абазэ, убых лъэпкъхэр бзэкIэ зэлъэбжьэгъущ.
20 января, 2025 - 16:51
Унэ Хужьым и гупэм деж щагъэува кофе гъэвапIэм уезыгъэблагъэ щIалэ нэфIэгуфIэм зызыхуигъазэр цIыхуфIхэрщ. «Фыкъеблагъэ ди къэхьэуэ ефапIэм», - нэгу зэIухакIэ къоджэ ар илъэсыщIэм пежьэ къалэдэсхэм. Хэт ищIэнт КIэнцIэлий Имран цIыкIу дэIэпыкъун папщIэ псапащIэ Iуэхушхуэ къэзыIэта Дал Ислъам езым махуэ бжыгъэ фIэкIа къыхуэмынэжауэ. ЩIалэр нэхъ гъунэгъуу ицIыхуауэ къыщIэкIащ «Заман» газетым и лэжьакIуэ Темукуевэ Iэсият.
20 января, 2025 - 15:49
Машинэхэр щызэхэзекIуэ гъуэгухэмрэ цIыху зекIуапIэхэмрэ зэгъэпэщыжыным, къэгъэщIэрэщIэжыным, щIыпIэ щхьэхуэхэм гъуэгу щытелъхьэным 2025 гъэми иужь итынущ.
20 января, 2025 - 14:47
Адыгэ хабзэ жыпIэмэ, абы Iуэхугъуэ куэдыщэ къызэщIеубыдэ. МафIэдз Сэрэбий и «Адыгэ хабзэ» тхылъыр нэхъ зытриухуар абыхэм ящыщу нэхъ щхьэпэу къилъытэхэрщ.
20 января, 2025 - 13:45
«Кавказым и щIыпIэ нэхъ удэзыхьэххэр» фIэщыгъэр зэрихьэу дунейпсо лъэпкъыбэ зэхьэзэхуэ интернетым иджыпсту щокIуэкI.
20 января, 2025 - 12:43
…Умар иужьу къыщыпсэлъам, си жагъуэ зэрищIам хуабжьу сригъауэ, паркым сист си закъуэ.
20 января, 2025 - 11:40
ЩIышылэм и 20, блыщхьэ
1588 гъэм урыс пащтыхь Фёдор Иван и къуэм Кремлым щригъэблэгъат Черкасскэхэ Темрыкъуэ и къуэ Мамсрыкъуэрэ Къамболэт и къуэ Къудэнэтрэ.
1921 гъэм Бгырыс АССР-р къэунэхуащ.
1932 гъэм къалъхуащ Ветеранхэм я республикэ советым щIалэгъуалэм ядэлэжьэнымкIэ и комиссэм и унафэщIу лэжьа, УФ-м и Журналистхэмрэ ТхакIуэхэмрэ я зэгухьэныгъэм хэт, КъБР-м и ЩIыхь тхылъыр зыхуагъэфэща Пщыбий СулътIан.
|