|
Календарь событий
21 января 2025
21 января, 2025 - 16:35
ЦIыху зэчиифIэм гъэщIэгъуэн куэд къызыкъуехыф пIалъэ-пIалъэкIэрэ. Ди газетым щылажьэ журналистхэм щIэджыкIакIуэхэм я гум, я псэм дыхьэн куэд я Iэдакъэ къыщIокI. Абыхэм ящыщщ Хьэщыкъуей Олег, Чэрим Марианнэ сымэ.
21 января, 2025 - 15:00
Ди къэралым щыпсэу цIыхубэм дежкIэ «текIуэныгъэ» псалъэм лъапIэныгъэу хэлъыр къыпхуэмылъытэну инщ. Ди нэхъыжьхэм абы щIата уасэр апхуэдизкIэ инщ, ар гъунэгъу къэхъун щхьэкIэ хилъхьа гуащIэр зи хуэдэ щымыIэу абрагъуэщи, абы и джэрпэджэжыр гу зыкIуэцIылъ дэтхэнэми зэхех, зыхещIыкI, къыгуроIуэ. БлэкIа зауэр апхуэдизкIэ гущIэгъуншэти, псэ зыIутым ящыщу зылъэмыIэсарэ зи унэ гуауэу имыхьарэ щыIэкъым. ЖыпIэнуращи, Хэку зауэшхуэр цIыху щIэжым имыкIыж бжыгъэу къинащ. Зауэр зи нэгу щIэкIахэр кIуэ пэтми мащIэ мэхъу, ауэ абыхэм я бынхэм, абыхэм къащIэхъуэжахэм яфIэлъапIэщ нэхъыжьхэм щIагъэкIа нэпсыр, яущэхуну хэту кIуэцIкIэ ягъэва гуIэр. Аращ а фэеплъыр уахътыншэ зыщIыр, абы епха сыт хуэдэ Iуэхугъуэми лъапIэныныгъэ щIратыр.
21 января, 2025 - 14:00
Адыгэ республикэм илъэс ныкъуэм щIигъуауэ щокIуэкI «ДжэгуакIуэ этнопарк» зыфIаща зыгъэпсэхупIэм ехьэлIа лэжьыгъэхэр. Ахэр щIадзэн ипэкIэ, а щIыпIэр археологхэм хуит хуащIащ, зэрымыщIэкIэ тхыдэ щыхьэтхэр ухуэныгъэ лэжьыгъэхэм хэмыкIуэдэн папщIэ. Зэрыхуагъэфэщауи, аргуэру зы напэкIуэцI къызэIуахащ.
21 января, 2025 - 13:00
Лэскэн щIыналъэм и Анзорей къуажэм цIыхухэр куэду щызэблэкI и щIыпIэр мы гъэм зэIузэпэщ ящIынущ. Ар хуозэ къуажэ администрацэм и хэщIапIэм и Iэгъуэблагъэм. Лэжьыгъэхэр щрагъэжьэну щIыпIэр метр зэбгъузэнатIэ мини 5-м щIегъу.
21 января, 2025 - 12:00
Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир къыдигъэкIа унафэм ипкъ иткIэ, мы гъэм Хэкум и хъумакIуэхэм я илъэсу ягъэуващ. ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 80 щрикъунум ирихьэлIэу дигу къэдгъэкIыжынщ ди лIыхъужьхэр.
Къаншыуей (Курп Ищхъэрэ) къуажэм къыдэкIауэ зауэ IэнатIэм Iухьат цIыху 348-рэ. Абыхэм ящыщу 278-м я щхьэр ягъэтIылъащ, лъахэм и щхьэхуитыныгъэм щIэбэну. Зи унэ къэзыгъэзэжар цIыху 70 къудейрщ.
21 января, 2025 - 11:00
ЕгъэджакIуэм гъащIэм щиубыд увыпIэм, абы и зэфIэкIым, ди республикэм егъэджэныгъэ Iуэхум зэрызыщиужьам теухуащ КъБКъУ-м и доценту щыта Чым Юрэ и тхыгъэр.
21 января, 2025 - 10:00
ГъэщIэгъуэнщ
ПцIыр пэжым щытекIуэ щыIэщ, уеблэмэ зищIысыр къыщIэща иужькIи. Абы цIыхур егъэулъииф. Ар къыщыщIащ епщыкIуиянэ лIэщIыгъуэм псэуа хыдзэлI цIэрыIуэ адмирал Джонс Пол. ГъэщIэгъуэнщ, ауэ и къапхъэным щихуари Урысейрщ.
21 января, 2025 - 09:00
ЩIышылэм и 21, гъубж
♦IэплIэ зэхуэщIыным и дунейпсо махуэщ
♦УФ-м и инженер дзэхэм я махуэщ
♦1918 гъэм Адыгейм Совет властыр щагъэуващ.
♦1985 гъэм Франджым и ЛIыхъужь Хьэгъундокъуэ Елмэсхъан дунейм ехыжащ.
♦1926 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ ХьэхъупащIэ Хьэжбэчыр.
|