|
Календарь событий
26 января 2025
26 января, 2025 - 14:28
ЩIышылэм и 25-р студентхэм я махуэщ. Абы ирихьэлIэу илъэс къэс ирагъэкIуэкI «Студент десант» урысейпсо ак- цэр. КъБР-м щыIэ Урысей МВД-м и къалэ, район къудамэхэм апхуэдэ Iуэхухэр школакIуэхэм, студентхэм папщIэ къызэрагъэпэщащ.
26 января, 2025 - 12:30
Къэбэрдей-Балъкъэрым ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм и нэIэ зытет, Налшык къалэ дэт ГъуазджэмкIэ сабийхэм я уардэунэм ныбжьыщIэхэм лъэныкъуэ зэхуэмыдэхэм нэхъ тегъэщIауэ пэщIэдзэ, курыт щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ лэжьыгъэшхуэ щрагъэкIуэкI, я зэфIэкIыр щагъэлъагъуэ гупжьей щхьэхуэхэр къыщызэрагъэпэщ, зэпеуэ гъэщIэгъуэнхэр щызэхашэ.
26 января, 2025 - 12:26
УФ-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI, КъБР-м и цIыхубэ художник, ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием хэт, Санкт-Петербург щыпсэу икIи щылажьэ ди хэкуэгъу сурэтыщI цIэрыIуэ СэвкIуий Хьэмид и лэжьыгъэхэр щагъэлъагъуэ ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием. «Гу» зыфIаща выставкэмкIэ зэхуащIыж художникыр илъэс 60 зэрырикъум и щIыхькIэ къызэрагъэпэща Iуэхухэр. Абы ехьэлIауэ зэхыхьэ гъэщIэгъуэнхэр Налшыки щекIуэкIауэ щытащ.
26 января, 2025 - 11:29
Къэбэрдей-Балъкъэрым боксымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Кэнжэ къуажэм щекIуэкIащ. Абы хэтащ республикэм и спортсмени 100, я ныбжькIэ илъэс 15 - 16-хэм щIимыгъуауэ.
26 января, 2025 - 09:30
ЩыIэщ лъэпкъылIхэр, я IуэхущIафэкIэ, псэлъэкIэкIэ, дуней тетыкIэкIэ, хьэл-щэнкIэ «уей-уей адыгэ» жригъэIэу, ахэр къыбдалъагъуныр щIыхьу, уи пщIэр яIэту. Абыхэм ящыщщ Шурдым Борис. Зи ныбжьыр нобэ илъэс 80 ирикъу а лIы щыпкъэм и цIэр зэхэзымыха щIагъуэ ису къыщIэкIынкъым Къэбэрдей-Балъкъэрым. Зыгуэрым хьэщIэ лъапIэ къыхуеблэгъамэ, абыхэм бгъэдагъэсыну япэу ираджэ нэхъыжьыфIхэм ящыщщ ар. Тхыдэ, медицинэ, щэнхабзэ, гъуазджэ жыпIэми, купщIафIэу къыбдэуэршэрыфыну щIэныгъэкIэ зэщIэузэдащ.
|