Календарь событий

27 января 2025

ЩIалэхэми – лъэщ защIэщ

Урысей Федерацэм ММА-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Выборг къалэм щекIуэкIащ. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Май щIыналъэм и спортсмен ныбжьыщIэхэр икIи ехъулIэныгъэхэр яIэу къагъэзэжащ.

Фэеплъ

Налшык, Совет Союзым и ЛIыхъужь Калюжный Николай и цIэр зезыхьэ ебланэ курыт еджапIэм къыщызэIуахащ абы щеджа щIалэхэу дзэ къулыкъум пэрыту зи псэ зытахэм я фэеплъ пхъэбгъухэр. Сирием щекIуэкIа зауэм къулыкъу щызыщIэу хэкIуэда Сокъур Эдуард, Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам зи псэр щызыта Щэрмэт Владислав, ЦIыпIынэ Анзор, Ирыгу Рустам, Унэгъэс Тембот сымэ я фэеплъыр яхъумэнущ еджапIэм и бжэр пщэдджыжь къэс къызэIузых егъэджакIуэхэмрэ еджакIуэхэмрэ. 

Варшавэ хуит къызэращIыжар

1945 гъэм щIышылэм и 17-м Япэ Белорус фронтым и зауэлIхэм хуит къащIыжащ Варшавэ. Мы Iуэхур советыдзэм лIыгъэрэ Iэзагъ инрэ хэлъу зэфIигъэкIауэ къалъытащ. Мы Iуэхум нэгъуэщIи хэлът. Инджылызым къыщыдэкI «Daily Exspress» газетым итхащ  "Гитлер зауэм щиубыда къалащхьэ псоми ящыщу япэу Варшавэ  япэу хуит къызэращIыжар  ехъул!эныгъэ иным и !эужьу зэрыщытыр". КъухьэпIэм къыщыдэкI нэгъуэщI газетхэм къагъэлъагъуащ «советыдзэм фашист зауэлIхэр псынщIэу зэрыхигъэщIам егъэщIылIа Iэмалхэр инджылыз, американ, франджы генералхэм яджын хуейуэ». 

Лэкъун Азэмэт и зэфIэкIыр

КъБР-м и Музыкэ театрым и дирижёр, ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым и егъэджакIуэ, лъэпкъыбэ зэпеуэхэм я лауреат Лэкъун Азэмэт макъамэм зэфIэкI щиIэщ.

Бзэр мылажьэмэ - псэр лэжьэнукъым

Шэрджэсыбзэр бджа нэужь, дунейм нэхъыбэу къыщагъэсэбэп адрей бзэхэр тынш дыдэу къыпщыхъуну къалъытэ. АрщхьэкIэ анэдэлъхубзэр сабийм Iурылъын щIыхуейм и мыхьэнэр, ди жагъуэ зэрыхъунщи, ди зэманым адэ-анэ куэдым къагурыIуэркъым. Хэти къелъытэ абы урипсэлъэф къудеймэ ирикъуну. Адыгэбзэм и зыужьыкIэм тегузэвыхьу, уеблэмэ тхакIуэ-усакIуэхэри тотхыхь: «Насып иIэжкъым лъэпкъым бзэр фIэкIуэдмэ», - жеIэ Къагъырмэс Борис, «КIуэдыжмэ си адыгэбзэр, хэкIынущ си адыгэпсэр» - зэхелъхьэ Мыкъуэжь Анатолэ. 

НОБЭ

ЩIышылэм и 27, блыщхьэ
Нацизмэм ихьахэм я фэеплъым и дунейпсо махуэщ
Урысейм и Дзэ щIыхьым и махуэщ
1941 гъэм «КъБР-м щIыхь зиIэ и дохутыр» цIэ лъапIэр ягъэуващ.
1968 гъэм Налшык Музыкэ театр къыщызэIуахащ.
1940 гъэм къалъхуащ къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Хьэгъэжей Джонсон.

Iэрытххэр мафIэм исыркъым

Анэдэлъхубзэр зи Iэпэгъухэм ямыщIэнкIэ Iэмал иIэкъым бзэр ефIэкIуэн папщIэ зэдзэкIыгъэхэм мыхьэнэшхуэ зэраIэм. ХамэбзэкIэ дунейм щыцIэрыIуэ хъуа тхыгъэхэм сыт хуэдизу акъылыр ямытхьэкъуми, «адыгэпсэ къаIукIа» нэужь, ахэр гум пэгъунэгъу мэхъу, зи бзэр зыщIэм и гупсысэм лъагъуэщIэ къыхузэIуех, анэдэлъхубзэр упсэуху гугъэтыс Iэмэпсымэу узэриIэр къуигъэщIэжу. Апхуэдэ хъугъуэфIыгъуэхэм язу адыгэ литературэм егъафIэ куржы усакIуэ Руставели Шота и IэдакъэщIэкI «Къаплъэныфэ зыщыгъ зекIуэлыр», усакIуэ гъуэзэджэ Тхьэгъэзит Зубер зэридзэкIар.

Зэман зэтемыхуэхэм я зауэлIхэр

Нальшык дэт модельнэ библиотекэ №10-м кърагъэблэгъащ Хэку зауэшхуэм и ветеран Абросимов Кузьмарэ Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам хэт Шевчук Германрэ. Мы Iуэхум хэтащ Налшык къалэ администрацэм и унафэщIым и къуэдзэ Атмурзаевэ Земфирэ, библиотекэм и лэжьакIуэхэр, къалэдэс ныбжьыщIэхэр. 
Хэку зауэшхуэр зи нэгу щIэкIа нэхъыжьыр щIэблэм яхутепсэлъыхьащ зауэ гъуэгур зэрылIыгъэщIапIэм, Хэкур зыхъумэр къикIуэт зэрымыхъум, хэкупсэу ущытыным и мыхьэнэм. ШколакIуэхэр куэдым иригъэгупсысащ хуахуагъэрэ гуауэрэ къызыхэщ хъыбархэм, ахэр къазэрыщыхъуамкIи я хьэщIэ лъапIэм дэгуэшахэщ.

Лъэпкъхэр къызэрыхъуам теухуауэ

Лъэпкъым тхыдэ имыIэнри и тхыдэр имыщIэжынри зэрызэщхьэщыкI щIагъуэ щыIэкъым. Арагъэнщ адыгэхэр я лъэпкъым и тхыдэ пэжым хуэпабгъэу, абы епха сатыр дэтхэнэри яфIэгъэщIэгъуэну щIыщытыр. Апхуэдэ тхыгъэщ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат Бетрожь Руслан и IэдакъэщIэкIыр.

Япэ игъэщыпхъэ къалэнхэр ягъэнаIуэ

Урысей МВД-м и Прохладнэ къудамэм щекIуэкIащ къызэднэкIа 2024 гъэм я лэжьыгъэм кърикIуахэр къыщызэщIакъуэжа зэIущIэ. Абы хэтащ Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ, полицэм и генерал-майор Крючков Вячеслав. 
ЗэIущIэм щаубзыхуащ къудамэм къегъэщIылIа IэнатIэхэм я лэжьыгъэр зэраунэтIынур, хэплъащ нэхъыщхьэу я нэIэ зытетыпхъэхэм: мылъкум ехьэлIа щIэпхъаджагъэхэр къыщIэгъэщыныр, гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэр гъэмэщIэныр, лэжьакIуэхэр къыхэхынымкIэ ирагъэкIуэкI Iуэхухэм. 

Спортыр къызэрыхэсхам сыщIегъуэжыркъым

Алыдж-урым бэнэкIэмрэ бэнэкIэ хуитымкIэ дунейпсо чемпионатхэу Албанием и къалащхьэ Тиранэ нэгъабэ щекIуэкIахэм къыщыхэжаныкIа Гъуэныбэ Iэуес упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъазэри, гуапэу жэуап абыхэм къаритыжащ.
- Iэуес, Албанием щекIуэкIа зэхьэзэхуэм щыщу сыт нэхъ уигу къинэжар?