Календарь событий

31 января 2025

НОБЭ

ЩIышылэм и 31, мэрем
Фаджэ (проказа) узыфэр зыпкърытхэм защIэгъэкъуэным и дунейпсо махуэщ
ДыщэкIым и дунейпсо махуэщ
1924 гъэм Советхэм я етIуанэ съездым къыщащтащ СССР-м и япэ Конституцэр.
1991 гъэм КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм къищтащ республикэм и къэрал суверенитетым теухуа декларацэр.
1996 гъэм къащтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу лъэпкъхэм я бзэхэм зегъэужьыным теухуа къэрал программэр.

ЦIыху гуапэт, жыджэрт, зэфIэкI иIэт

УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, тхакIуэ, усакIуэ, журналист, жылагъуэ лэжьакIуэ Тхьэзэплъ Хьэсэн Мысэд и къуэр Аруан щIыналъэм хыхьэ Старэ Шэрэдж къуажэм 1943 гъэм къыщалъхуащ. Школ нэужьым ар шофёру колхозым щылэжьащ.

1962 гъэм Тхьэзэплъыр щIотIысхьэ КъБКъУ-м мэкъумэш лэжьыгъэр  механизацэ щIыным щыхурагъаджэ къудамэм. Абы щIашри, дзэм къулыкъу щищIэну ягъакIуэ.

Шынэ ящIэртэкъым

XVIII лIэщIыгъуэм псэуа нэмыцэ тхакIуэ фон Варкербарт адыгэхэм я псэукIэр, дуней тетыкIэр, лIыгъэр фIэгъэщIэгъуэну, дихьэхауэ иджу щытащ. Мы тхыгъэр Варкербарт 1798 гъэм Дрезден къыщыдигъэкIащ. Ар нэмыцэбзэм къизыхар Шыд Хьэсэнбийщ. 

Лъэныкъуэ куэдкIэ зэчиифIэ

Журналист зэчиифIэ, тхакIуэ, усакIуэ Iэзэ Чэрим Марианнэ и тхылъыщIэ дунейм къытехьащ. Жанр щIэщыгъуэкIэ тха «Зэшыпхъуибл» тхылъ цIыкIум деджэри, зэхуэс щхьэхуи хуэтщIыжащ.  апхуэдизкIэ дигу дыхьати, дызэхуэсри дытепсэлъыхьащ. «Литературэ пщэдджыжьышхэм» хэтащ «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэхэу ЩхьэщэмыщI Изэ, Гугъуэт Заремэ, Багъэтыр Луизэ, Къаныкъуэ Анфисэ, Къарей Элинэ, езы Марианнэ, сэ.

СПОРТ ХЪЫБАРХЭР

Бахъсэн къалэ бэнэкIэ хуитымкIэ ныбжьыщIэхэм я зэхьэзэхуэ щызэхэтащ. Ар фэеплъ хуащIащ мы спорт лIэужьыгъуэмкIэ Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и гъэсакIуэ, СССР-м спортымкIэ и мастер ЗэкIурей Николай.

Газетхэм я тхыдэм зеубгъу

Дызэрыт зэманым хъыбарыщIэхэм дахуэпащIэу, къэхъуар псом япэ къэдмыщIэмэ, дызыхэкIыжынIауэ къытфIэщIу допсэу. Ауэ  хуиту умыджа тхыдэм щIихъума телъыджэ гуэр къыщыкъуэкIыжым деж, ари хъыбарыщIэщ.  

Хьэлэмэтщ мы жыгхэр…

Махуэ къэс долъагъу жыгхэр. Зэхуэдэкъым абыхэм я тхьэмпэхэр, я пхъафэхэр, я къудамэхэм я инагъыр, я ныбжьыр. Жыгхэм егъэлеяуэ мыхьэнэшхуэ щаIэщ гъащIэм. Ахэр сэбэп яхуохъу цIыхухэми, псэущхьэхэми, бзухэми, хьэпщхупщхэми. Нэщэнэ гуэрхэр е лъапIэныгъэ зыхалъагъуэ жыг щхьэхуэхэр щыIэщ. Зыщыщ лъэпкъыгъуэм елъытауэ жыгхэм езыхэм я хьэли яIэжщ. Абы къыхэкIыуи пхъэм узэрелэжь Iэмалхэри зэхуэмыдэщ. Жыгхэм ядэплъагъу гъэщIэгъуэнагъым теухуа щапхъэхэр къэдгъэлъэгъуэнщ.

ЩIалэ лъэужьыфIэ

КъБР-м щIыхь зиIэ и артист ХьэхъупащIэ Амырхъан ДжэбрэIил и къуэр дунейм зэрехыжрэ илъэс мэхъу. УсакIуэ, тхакIуэ, джэгуакIуэ цIэрыIуэу щыта ХьэхъупащIэ Амырхъан и къуэрылъхум и къуэт Амырхъан. Адэшхуэм и цIэр зыфIащыжа щIалэ цIыкIум хузэфIэкIащ абы и лъагъуэм ирикIуэн, адыгэ щэнхабзэм хузэфIэкI хилъхьэн, абы зэрихьа щIыхьыцIэм хуэдэ къилэжьыфын, адэжь щIэиныр ихъумэу адыгэ гъащIэм лъэ быдэкIэ хэувэн. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, а гъуэгур кIыхьакъым. Илъэс 44-рэ къудейщ Амырхъан нэхъыщIэм къигъэщIар, ауэ и цIэр тхыдэм къыхинащ, цIыхубэм ягу къринащ.