КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам щыIащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и Медици- нэ академием лэжьыгъэм щыхагъэгъуазэ и центрым. Абы зригъэлъэгъуащ IэнатIэм лэжьыгъэр зэрыщызэтеублар, ар къызэрызэгъэпэща Iэмэпсымэхэм я зэфIэкIыр игъэунэхуащ, Медицинэ академием и студентхэм- рэ ординаторхэмрэ лэжьыгъэ и пIалъэ зэращIэм зыщигъэгъуэзащ.