Зауэм хэтахэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ ЗэщIэузэда Карухэм, хабзэхъумэ IэнатIэхэм я зэгухьэныгъэхэм я зэхуэс иджыблагъэ щекIуэкIащ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым. Ар къызэIузыхари езыгъэкIуэкIари еджапIэ нэхъыщхьэм и ветеранхэм я советым и унафэщI Шурдым Хьэсэнщ.