|
Календарь событий
03 февраля 2025
3 февраля, 2025 - 16:57
Узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэр егъэфIэкIуэным хуэунэтIауэ республикэм лэжьыгъэшхуэ щызэфIагъэкI. IэнатIэм зегъэужьыным хуэунэтIа Iуэху нэхъыщхьэхэр къэрал программэхэмрэ лъэпкъ проектхэмрэ япкъ иткIэ ягъэзащIэ.
3 февраля, 2025 - 15:07
Хьэрычэт IэнатIэ
УФ-м и хьэрычэт IэнатIэ мыинымрэ курытымрэ (МСП) хэтхэм я бжыгъэр, 2016 гъэм ахэр тхын зэрыщIадзэрэ, мы гъэм мелуани 6,59-рэ хъуащ.
МСП-м и реестрым къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и хьэрычэт IэнатIэ мыинымрэ курытымрэ я бжыгъэр 2024 гъэм мин 22,6-рэ хъуащ. БлэкIа илъэсми я щхьэ хуэлэжьэжхэрэ уней IуэхущIапIэу щIыналъэм щIэуэ щатхащ 5786-рэ икIи къапщытэж пIалъэм къриубыдэу абыхэм щылэжьащ цIыху мини 108,7-рэ е республикэм IэнатIэ щыпэрыт и цIыхухэм я процент 34-р.
3 февраля, 2025 - 15:04
2019 - 2023 гъэхэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зэIузэпэщ щащIащ, зыхуей щыхуагъэзащ цIыхухэр куэду щызэхуэс щIыпIэу 169-рэ, фэтэр куэду зэхэт унэхэм я пщIантIэу 571-рэ, абыхэм ящыщу 47-р - утыкушхуэу, 38-р - жыг хадэ цIыкIуу, 19-р - паркыу, езыхэм къэкIыгъэхэр щыкуэду, сабий, спорт джэгупIэфIхэмкIэ къызэгъэпэщауэ.
БлэкIа илъэсри абыхэм къакIэрыхуакъым. Псалъэм къыдэкIуэу, щIыналъэм и жылэ 31-м цIыху куэд щызэхуэс я щIыпIэу 31-рэ, фэтэр куэду зэхэт унэхэм я пщIантIэу 31-рэ ягъэтэмэмащ.
3 февраля, 2025 - 15:02
ЦIыху гъащIэм лъэныкъуэкIэ укъыщезыгъэплъыж спектаклхэм я фIагъыр абы щыджэгухэм елъытыжащ. Дауи, тыншкъым образ зэмылIэужьыгъуэхэр цIыхухэм я фIэщ пщIыныр, ягу удыхьэныр! Ар хузэфIокI ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей драмэ театрым и артисткэ пажэ Пащтыкъ Анфисэ. Анфисэ ди упщIэ зыбжанэм къыпэджэжащ.
3 февраля, 2025 - 11:49
1929 гъэм «Къэрэхьэлъкъ» газетым и «Сабий тхьэпэ» напэкIуэцIхэр пIалъэкIэрэ къызэригъэпэщу щIидзат. Абы къытехуэрт лъэпкъ тхакIуэ-усакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр, IуэрыIуатэм къыхаха сабий уэрэдхэр, таурыхъ, хъыбар кIэщIхэр, а лъэхъэнэм егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ зиIахэр.
3 февраля, 2025 - 11:47
«Черкес FM» радиор телефоным требгъатхэ гуэдзэнщи, дуней псом текъухьа адыгэр абы йодэIуэф. НэгъуэщIу жыпIэмэ, хамэ щIыпIэхэм адыгэбзэр щызыIэщIэхуахэми ар я сэбэпщ, лъэпкъ щэнхабзэр зыфIэфIхэм дежкIи гъэщIэгъуэнщ. Тут Заур, Сокъур Ольгэ, Нэхущ Чэрим, Апэнэс Астемыр, Къэзан Сэтэней, ЛIыбзу Аслъэн, Хьэжырокъуэ СулътIан, Дзыбэ Мыхьэмэт, Быштэ Азэмэт сымэ, нэгъуэщI ди арист цIэрыIуэхэми я уэрэдхэр абыкIэ къат.
3 февраля, 2025 - 11:45
ГъащIэм ирикIуэ цIыхум акъыл игъэхъуапIэ къыхуэхъуну псор езы дыдэми ищIэркъым. Псэущхьэхэм я бзэр къызыгурыIуэу щыта Сулеймэн ЛъапIэм зи бзэ мыпсалъэхэр чэнджэщэгъу ищIу зэрыщытам тепщIыхьмэ, бадзэм щегъэжьауэ аргъуейм деж щиухыжу, куэд къабгъэдэпхыфынущ хьэпщхупщхэми гъудэбадзэхэми.
Сабийхэр щыгуфIыкIыну, балигъхэми ящIэну щхьэпэу, «КъурIэн лъапIэм зи цIэ къыщыкIуа псэущхьэхэмрэ къэкIыгъэхэмрэ» зи фIэщыгъэ тхылъ Тхьэкъуахъуэ Iэуес игъэхьэзыращ илъэс блэкIам.
3 февраля, 2025 - 11:44
Курдхэр щIыналъэ хэха зимыIэ лъэпкъхэм ящыщщ. Ахэр цIыху мелуан 50-м нызэрохьэс, къэралищым-Тыркум, Иракым, Ираным щопсэу, езыхэм къэралыгъуэ яIэкъым. Ар зрагъэгъуэтыным илъэс куэд хъуауэ щIобэн зэм нэхъ зыкъызэкъуахыу, зэми нэхъ щIэужьыхэу. Мис абыхэм я къекIуэкIыкIам щыщ зы напэкIуэцI.
3 февраля, 2025 - 11:26
Мазаем и 3, блыщхьэ
♦1966 гъэм «Мазэ-9» совет станцыр дунейм щыяпэу Мазэм щетIысэхащ.
♦1924 гъэм «Красная Кабарда» газетым и цIэр «Къэрэхьэлъкъ» жиIэу зэрахъуэкIащ.
♦1931 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэу щыта, КъБР-м и цIыхубэ артист Къуныжь Хьэждал.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 8 - 9, жэщым градус 1 - 2 щыхъунущ
3 февраля, 2025 - 11:23
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIалэгъуалэ политикэм зыщегъэужьыныр» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
2025 гъэм щIышылэм и 20-м Налшык къалэ №1-ПП
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
|