Календарь событий

04 февраля 2025

Зи Iуэху дэкIхэр

        ЕтIощIанэ лIэщIыгъуэм Латин Америкэм и къэрал зыбжанэм властыр куэдрэ щытрадзащ щэхуу зэгурыIуа гупхэм, щхьэтечу жыпIэмэ, къулыкъушхуэ зыIыгъ зауэлIхэм. Сыт щыгъуи фIэгъэнапIэ ящIырт цIыхухэр я псэукIэмкIэ зэрымыарэзыр, экономикэр зэрехуэхар. АрщхьэкIэ хьэлэмэтыращи, властыр зэраIэрыхьэу,  мис а «щIэгузэва» цIыхубэр ящыгъущэжырти, демократиер нэхъри хаутэрт, зи Iуэху зэрахуэри  мылъкушхуэ зыбгъэдэлъхэрт. Апхуэдэ щапхъэхэр гъунэжщ.

ЛIыхъужьым хуащI гулъытэр

 «Хэкум и хъумакIуэхэр» къэрал фондым и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и унафэщI Дадэ МуIэед иджыблагъэ тепсэлъыхьащ IуэхущIапIэр къызэрызэрагъэпэщрэ зяхузэфIэкIамрэ 2025 гъэм я мурадхэмрэ.

Гупсысэр - псалъэкIэ

КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, актер цIэрыIуэ Хьэмырзэ Ахьмэд театрымрэ киномрэ щиIэ зэфIэкIхэм, абы и цIэм Кавказ псом и гъуазджэ дунейм щиубыд увыпIэ лъагэм журналистхэр дытепсэлъыхьынуи дытетхыхьынуи тфIэфIщ, ар зэи емызэш цIыху зэчиифIэщи, щIэщыгъуэ куэд утыкум кърихьэ зэпыту адыгэ лъэпкъым хуолажьэри. Ауэ мызыгъуэгукIэ «хьэщIэщ уэршэркIэ» узэджэ хъуну мы зэпсэлъэныгъэр зытедухуар нобэрей гъащIэмрэ адыгэ Iуэхумрэ я къекIуэкIыкIэрщ. ЦIыхушхуэ гуэрым и тхылъ напэкIуэцIхэр къызэбгъэдзэкIыурэ щIэбджыкIыу фIэкIа къыпщымыхъуу пхузэпкърех Ахьмэд а Iуэхугъуэхэр.

ЛIыгъэ зыхэлъ тхакIуэ

Шортэн Аскэрбий цIыху гу къабзэу, нэгъуэщIым къехъулIам щыгуфIыкIыу, лэжьакIуэшхуэу зэрыщытам куэд тетхыхьыжащ. Абы и IэдакъэщIэкIхэр лъэпкъ литературэм и хъугъуэфIыгъуэщ. Абы и лэжьыгъэр зыхуэдар уи нэгу къыщIэзыгъэхьэ тхыгъэщ 1966 гъэм Теунэ Хьэчим итхар.

«Псори зэрыщыгъуазэщи, цIыху куэдым илъэс куэдкIэ зэхуахьэсауэ щыта IуэрыIуатэр къыдагъэкIыным хунэмысу зауэр къэхъури, ди хэкум къизэрыгуа фашистхэм щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтыр зыщIэса унэри, абы Iэрытхыу щIэлъа томипщIхэри ягъэсыгъащ.

ШахматхэмкIэ зэпоуэ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм щекIуэкIащ дзэ къулыкъущIэхэмрэ щIыналъэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэмрэ шахматхэмкIэ я зэпеуэ. 
Зэхьэзэхуэм бжьыпэр щиубыдащ ведомствэм щIэмыт хъумакIуэ къудамэм и лэжьакIуэхэм я командэм, етIуанэ увыпIэр ялъысащ щIыналъэ управленэм и дзэ къулыкъущIэхэм, «Вершина» ОМОН-м и гупыр ещанэщ. 

Си адэшхуэм Сталинград ихъумащ

        Дунейр къызэригъэщIрэ екIуэкIа зауэхэм я нэхъ лъыгъажэ ин дыдэхэм ящхьэщыкIыжащ  1942 гъэм бадзэуэгъуэм и 17-м щыщIэдзауэ 1943 гъэм мазаем и 2-м пщIондэ Сталинград и деж щекIуэкIар.  ЛъэныкъуитIми зэпэщIагъэуват сэлэтрэ офицеру мелуан зырызым щIигъу. Танкыу, топу, кхъухьлъатэу, нэгъуэщI техникэрэ Iэщэу кърашэлIам щIэи-гъуни яIэтэкъым. ЛIэн-къэнэну илъэсрэ ныкъуэкIэ щызэзэуащ ди сэлэтхэмрэ фашистхэмрэ Индыл (Волга) псым и Iуфэм.

Чеховыр къэцIыхужыгъуафIэщ

      Япэ къэсым зи цIэ ищIэ, илъэсищэ бжыгъэ ипэкIэ псэуа тхакIуэм теухуауэ сыт гъэщIэгъуэну зэхэпхынкIи хъунур жыпIэ щхьэкIэ, школ программэм абыхэм я гъащIэ гъуэгум ущигъэгъуазэ пэтми, ятхар къызэрыбгурыIуэн зэхэщIыкI къыщыпIэрыхьэр балигъ ухъуа нэужьщ. Абы хэлъхьэж политикэм и гуэгъу зэманым и шыбзэм пхымыкIхэр, тетхыхьахэм къафIэмыIуэхуахэмрэ къытрадзэну хуамыдахэмрэ. 

НОБЭ

Мазаем и 4, гъубж

         Лышх узыфэм пэщIэтыным и дунейпсо махуэщ

         1932 гъэм къалъхуащ журналист, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Белгъэрокъуэ Евгение.

         1939 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, зэдзэкIакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Мэлбахъуэ Елбэрд.

Дунейм и щытыкIэнур