Календарь событий

05 февраля 2025

Нэхъыбэ ящIынущ

Хэку зауэшхуэм и тхыдэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэм курыт еджапIэхэм сыхьэтипщI нэхърэ мынэхъ мащIэ зэманрэ абы хуэфэщэн дерс бжыгъэрэ хухахыу зэрыщытар куэдым ящIэж.

Гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэм пежьэу

Мэкъумэш
 
Урысей Федерацэм мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министрым и къуэдзэ Разин Андрей Налшык щригъэкIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэр гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэм зэрыхуэхьэзырым теухуа зэIущIэ. Абы и лэжьыгъэм хэтащ КИФЩI-м и щIыналъэхэм мэкъумэш-промышленнэ комплексымкIэ щыIэ управленэхэм я унафэщIхэр, агрохимие станцхэм я лэжьакIуэхэр, а IэнатIэм пыщIа нэгъуэщI IэщIагъэлIхэри. 

Студентхэр хагъэгъуазэ

Ди щIыналъэм исхэр зэрыгушхуэ, дуней псом щыцIэрыIуэ художникхэу Пащты зэадэзэкъуэм - Германрэ Алимрэ - КъБКъУ-м ДизайнымкIэ и колледжым и студентхэм литографие техникэмкIэ мастер-классхэр иратащ.

Псэм и усакIуэ

ПщыукI Латмир и усэхэр гъащIэм щыщ дакъикъэ нэхъ телъыджэ дыдэхэм къыхипхъуэтам хуэдэщ. 

Сымаджэр утыку къранэркъым

Иджыблагъэ Урысей Федерацэм и Правительствэм ФинансхэмкIэ и университетым щекIуэкIащ «Дохутырхэм я Хасэ» щIыналъэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм хэтхэм я зэIущIэ. Абы щызэхуэсащ Москва сымаджэщхэм щылажьэ дохутырхэр, медицинэмкIэ щIэныгъэлIхэр, экспертхэр. Абыхэм къызэщIакъуэжащ Хасэм 2024 гъэм иригъэкIуэкIа лэжьыгъэр, апхуэдэуи 2025 гъэм ягъэзэщIэн хуей къалэнхэр яубзыхуащ. 

Лянэ зыдихьэххэр

Къармэ Лянэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым дизайнымкIэ и колледжым реставрацэм щыхуоджэ. Гъуазджэм и щэхухэр къитIэщIын щIидзагъащIэми, езым и еплъыкIэ, и Iуэху бгъэдыхьэкIэ иIэ хъуащ.

Тыншкъым лъыхъуэм и гъуэгур

Бицу Анатолэ езым и макъ, и уэрэд къедзыкIэ зиIэж усакIуэщ. Абы и IэдакъэщIэкIхэм тетхыхьащ критикхэр, тхакIуэхэр, усакIуэхэр. Критик Щокъуий Къадир и гугъу ищIащ Бицум 1981 гъэм «Эльбру» тхылъ тедзапIэм къыщыдигъэкIа «Гуэл щхъуантIэ» усэ сборникым. 

Сталинград текIуэныгъэм

Къэбэрдей-Балъкъэрым хуищIа хэлъхьэныгъэр

 

НОБЭ

Мазаем и 5, бэрэжьей

1960 гъэм Лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэм и Урысей университетыр къызэрагъэпэщащ.
1927 гъэм къалъхуащ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым илъэс куэдкIэ щылэжьа, УФ-м и цIыхубэ артист Токъуий Хъусен.
1928 гъэм къалъхуащ журналист, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Тэрчыкъуэ Исуф.

Дунейм и щытыкIэнур