Календарь событий

06 февраля 2025

Адыгэхэмрэ къалмыкъхэмрэ я тхыдэм щыщ

 Къалмыкъ хъанхэм ящыщу ди тхыдэм зи цIэр нэхъ къыхэщыр адыгэ малъхъэу щыта, зи гугъу тщIы лъэхъэнэм Тэрч (Терки – Ч. М.) быдапIэм и тету щыта Черкасскэхэ Муцал ипхъу Iэбухъан и щхьэгъусэ Аюкэщ. Нобэ зи гугъу тщIыну тхыдэ пычыгъуэр зэпхар абы и адэшхуэ Дайчин и адэ Хо-Урлюк цIэмкIэ тхыдэм къыхэнауэ, зи гъащIэр Къэбэрдейм щызыухарщ.

Гуныкъуэгъуэхэр диIэми, дызыщыгуфIыкIынхэри мащIэкъым

Нобэ ди псэлъэгъущ КъБР-м физкультурэмрэ спортымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, педагогикэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, КъБКъУ-м педагогикэмкIэ, психологиемрэ физкультурэ-спорт егъэджэныгъэмкIэ и институтым и доцент Тхьэзэплъ Iэниуар. Республикэм и егъэджэныгъэ IэнатIэм зегъэужьыным, егъэджакIуэхэр гъэхьэзырыным, щIэблэ узыншэ, хэкупсэ къэгъэхъуным хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ Iэниуар икIи и къаруи зэфIэкIи емыблэжу нобэр къыздэсым гурэ псэкIэ пэрытщ а IэнатIэ мытыншым. 

ЛIыгъэ зэхэгъэкIыпIэ

Къэралхэмрэ цIыхухэмрэ зэман хьэлъэхэм къызэрыпхыкIам и щапхъэхэр тхыдэм щыгъунэжщ. Уеблэмэ  куэдым я лъэужьыр иджыри къыздэсым кIуэдыжакъым. Дуней псор «зыутхыпщIа» Хэку зауэшхуэр къэралым гузэвэгъуэу къыщхьэщыхьат. Мэкъуауэгъуэм и 22-м сыхьэтыр 04:00-м фашист зэрыпхъуакIуэхэр къыттеуащ. Куэдым я псэр, я щхьэр халъхьащ я Хэкур яхъумэу, куэдыр щIы фIыцIэм къыщIэнащ я цIэр дымыщIэу. Зэхэуэ гуащIэхэр щекIуэкIа щIыпIэхэм ящыщт Сталинград деж щекIуэкIар.

IэщIагъэу щыIэм я нэхъыфIым сролажьэ

Хьэмдэхъу Б. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр мэкъумэш колледжым информатикэмкIэ и егъэджакIуэ Мер Майе илъэс 40 хъуауэ щолажьэ абы. 1985 гъэм, университетыр къызэриухыу, Майе лэжьапIэ уващ икIи зыхэхуа гупым хуэдэ щымыIэу къыщыхъуу нобэр къыздэсым пэрытщ и IэнатIэм. И лэжьэгъухэр апхуэдизкIэ и гум дохьэ, IэщIагъэм дехьэхри, и гъащIэр нэгъуэщIу и нэгу къыхущIэгъэхьэркъым егъэджакIуэм. 

НОБЭ

Мазаем и 6, махуэку
ЦIыхубзхэм я узыншагъэм зэран хуэхъу операцэхэр емыгъэкIуэкIыным и дунейпсо махуэщ
1918 гъэм Урысейр григориан махуэгъэпсым зэрыхуэкIуэм теухуа декрет къыдэкIащ.
1935 гъэм «Кабардинка» къэрал къэфакIуэ ансамблым Советхэм я VII съездым и делегатхэм папщIэ Москва и Театр Иным концерт щитащ.
1923 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ артисткэ Тэмазэ Маржэнэт.

Куэдым сэбэп яхуэхъуа дохутыр

«Нэращ цIыху Iэпкълъэпкъым и пкъынэ нэхъ къабзэ дыдэр. ЦIыхум и дахагъэмрэ гуакIуагъэмрэ къызытещыр аращ. «Нэм япэ псэр ихуэ», - жеIэ адыгэ псалъэжьми, нэхэм ямылъагъужу кIыфIыгъэм къыхэнэныр дэтхэнэм и дежкIи зэрышынагъуэр щIигъэбыдэу. Апхуэдэ гузэвэгъуэм ар къебгъэлу дэIэпыкъуэгъу ухуэхъуфыныр насыпышхуэщ. И Iэпэр яIыгъыу сымаджэщым къаша, операцэ ящIу зи нэхэр къэплъэжа цIыхум и гуфIэгъуэр плъагъуныр куэд и уасэщ», - жеIэ КъБАССР-м щIыхь зиIэ и дохутыр, медицинэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, офтальмолог АфIэунэ Анатолэ.