Календарь событий

08 февраля 2025

Лъэпкъ пэхуэщIэхэр къалащхьэм щыпхегъэкI

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек мы махуэхэм Мэзкуу щыIэщ, республикэр лъэпкъ проектыщIэхэм зэрыхэтыну щIыкIэр иубзыхун IуэхукIэ. КъинэмыщIауэ, республикэм и Iэтащхьэр хэтащ УФ-м и Правительствэм и Уна­фэщIым и ­къуэдзэ Патрушев Дмитрий иригъэкIуэкIа зэущIэм. 

Илъэс тIощI зи ныбжь лIыхъужь

Лэскэн щIыналъэм и администрацэм къэрал дамыгъэр щы­Iэрагъэхьэжащ дзэ Iуэху хэхам лIыхъу­жьу хэкIуэда Къущхьэ Къантемыр Залым и къуэм и ­уна­гъуэм. ЛIыгъэм и орде­ныр иратыжащ Къантемыр и анэм.

Къуажэхэм я зыужьыныгъэр зыхуэдэнур

КъБР-м и Парламентым и Президиумым и зэIущIэм «Правительствэм хухах сыхьэтым» хыхьэу, депутатхэр тепсэлъыхьащ Къэ­бэр­дей-Балъкъэрым и къуажэхэм зэрызрагъэужьым.

«Фэеплъым и шэху уэздыгъэ»

Афган зауэр щекIуэкIа илъэсхэр хуэмурэ тпэжыжьэ мэхъу. Ауэ Хэкум къащищIа къалэныр ягъэзэщIэн папщIэ зи гъащIэми щымысхьа ди щIалэхэм я лIыхъужьыгъэмрэ хахуагъэмрэ цIыхухэм ягу ихуркъым. 

ДяпэкIи аращ дызытетынур

КIуэкIуэ Казбек Мэзкуу лэ­жьы­гъэ IуэхукIэ щыхуэзащ ­УФ-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Мурашкэ Ми­хаил.
 
ЗэIущIахэр зэгурыIуащ Къэ­бэрдей-Балъкъэрыр зы­хы­хьа «ЦIыхухэр узыншэу илъэс куэд­кIэ псэун» проектыр гъэ­­- зэ­щIа зэрыхъуну щIыкIэмкIэ. Ар хуэунэтIащ цIыхухэр япэу зыщIэупщIэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэхэр щагъуэт IуэхущIапIэхэр зэманым декIуу къэгъэщIэрэщIэжыным.