|
Календарь событий
12 февраля 2025
12 февраля, 2025 - 17:00
Шэрэдж щIыналъэм хыхьэ Жэмтхьэлэ къуажэм и курыт еджапIэ №2-р къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж. Мы гъэм зыхуей хуагъэзэну школхэм ящыщу мыр районым щыеплIанэщ. Къэщкъэтау, Зэрэгъыж, Бабугент жылэхэм я курыт еджапIэхэм илъэситI хъуауэ апхуэдэ лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкI. Аушыджэр къуажэм и курыт еджапIэр нэгъабэ зыхуей хуагъэзащ.
12 февраля, 2025 - 17:00
Кавказ Ищхъэрэм бэнэкIэ хуитымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Налшык къалэм щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ щIыналъэхэм я бэнакIуэ нэхъ лъэщу 400-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэс 18-м щIимыгъуауэ. Я хьэлъагъ елъытауэ ахэр гупипщIу гуэшауэ щытащ.
12 февраля, 2025 - 16:46
Кавказ Ищхъэрэм зэзауэ зыхэт спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ (ММА) пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ къызэрыхах зэхьэзэхуэ Налшык къалэм щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ КИФЩI-м и щIыналъэхэм я зэуакIуи 160-рэ, я ныбжькIэ илъэс 12-м къыщыщIэдзауэ 15-м нэсыху хъууэ.
Соглашение на обработку персональных данных с использованием метрических программ
Мы используем cookie.
Когда вы посещаете этот сайт, Государственное казенное учреждение Кабардино-Балкарской республики «КБР-Медиа» может использовать общеотраслевую технологию, называемую cookie. Файлы cookie представляют собой небольшие фрагменты данных, которые временно сохраняются на вашем компьютере или мобильном устройстве и обеспечивают более эффективную работу сайта.
12 февраля, 2025 - 15:41
Адыгэм и хъугъуэфIыгъуэхэм, псом хуэмыдэу лъэпкъыр зэрыцIэрыIуэ и Iэщэ-фащэм тепсэлъыхьар мащIэкъым. НэгъуэщI зы лъэпкъ щыIэу къыщIэкIынкъым и бзэри, хабзэри, адыгагъэри, псори къызэщIиубыдэу и фащэм хипщэфауэ. Къапщтэмэ, адыгэхэр дуней псом къызэрыщацIыхуар аращ. Ар, зэрыжытIащи, щыгъын дахэ къудейтэкъым, атIэ я дуней тетыкIэт.
12 февраля, 2025 - 15:30
«Адыгэ псалъэ» газетым бзэ, щэнхабзэ, щIэблэ гъэсэныгъэ мыхьэнэ зэриIэм теухуауэ болэтейдэс нэхъыжьыфIхэм я гупсысэхэр акъыл зыхэлъщ. Къэбэрдей Адыгэ Хасэм Болэтей къуажэм щиIэ и къудамэм и тхьэмадэ Наурзокъуэ Толэ, илъэс 45-кIэ къуажэ курыт еджапIэм егъэджакIуэу щылэжьа нэхъыжьыфI Балъкъэр СулътIан, «Ленин гъуэгуу» щыщыта зэман лъандэрэ адыгэ газетыр зыщIыгъу, курыт еджапIэм и хъумакIуэ Къэбарт Къэралбий сымэ адыгэ газетым и ныбжьэгъу пэжщ.
Наурзокъуэ Толэ:
12 февраля, 2025 - 13:30
«Триикс Медиа» кинокомпанием илъэс 18-м щIигъуауэ Урысейм и хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я журналистхэр хэту къызэрегъэпэщ ди цIыхухэм я лIыхъужьыгъэм теухуа тхыгъэ нэхъыфIхэм я зэпеуэ. Абы и хабзэм ипкъ иткIэ, тхыгъэхэр хуэгъэпсауэ щытын хуейщ дзэ Iуэху хэхам хэтхэм, дохутырхэм, мафIэсгъэункIыфIхэм, волонтерхэм, хабзэхъумэ IэнатIэм, нэгъуэщI IэщIагъэхэм пэрыт лэжьакIуэхэм зэрахьа лIыгъэм. НэхъыфIу къыхахахэр и лъабжьэу фильмхэмрэ сериалхэмрэ трахынущ.
12 февраля, 2025 - 12:36
КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей артиадэм и лауреат, республикэм и министерствэхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я щIыхь тхылъхэр зыбжанэрэ зыхуагъэфэща МахуэлI Хъаджэт мы IэщIагъэм хуэфащэ дыдэу ирилажьэ цIыху гуащIафIэщ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и радиом и лэжьыгъэр нэхъыщхьэу зыхуэунэтIар бзищымкIэ республикэм исхэр хъыбарыщIэхэм хэгъэгъуэзэнырщ, щIыналъэм и экономикэм, политикэм, узыншагъэр хъумэным, егъэджэныгъэм, щIэныгъэм, гъуазджэм, щэнхабзэм, спортым, нэгъуэщI IэнатIэхэми зэфIэкI щызиIэ цIыхухэм я ехъулIэныгъэхэр, хъыбар гуапэхэр абыхэм я деж нэхьэсынырщ.
12 февраля, 2025 - 12:35
КхъуэIуфэ Хьэчим Хьэбас къуэр Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм 1940 гъэм мазаем и 10-м къыщалъхуащ. 1964 гъэм КъБКъУ-р къиухри, республикэм и хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм щылэжьащ, хамэ къэрал щыпсэу ди хэкуэгъухэм щэнхабзэ пыщIэныгъэ яхудиIэныр къызэзыгъэпэщ «Хэку» обществэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм жэуап зыхь и секретару, КПСС-м и обкомым печатымкIэ, телевиденэмрэ радиомкIэ и къудамэм, КъБР-м Телевиденэмрэ радиомкIэ и къэрал комитетым я унафэщIу, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэу щытащ. 1998 гъэм ар япэу хахащ КъБР-м и ТхакIуэхэм я союзым и тхьэмадэу, 2003 гъэм, Союзым и Уставым тету, тхьэмадэм и къуэдзэ хъуащ. 2008 гъэм аргуэру унафэщIым и къалэнхэр къыхуагъэфэщэжащ.
12 февраля, 2025 - 12:32
Урысеймрэ Иранымрэ иджыблагъэ зэращIылIащ Iуэху куухэм пIалъэ кIыхькIэ щызэдэлэжьэным теухуа зэгурыIуэныгъэ. Ар, дауи, я гуапэ хъуакъым СШАф-м. Ар Вашингтон и гуапэ хъум е мыхъум къэралитIым зэрытрамыщIыхьыжрэ куэд щIащ: абыхэм зэрахуэр езыхэм я сэбэп зыхэлъхэрщ, я лъэныкъуитI фейдэ къызыхэкIынурщ. Зэгуэр Ираныр апхуэдэу и щхьэ хущытыжу щытыным щIэбэнахэм ящыщщ Мосаддык Мухьэммад.
12 февраля, 2025 - 11:52
Мазаем и 12, бэрэжьей
♦ЩIэныгъэмрэ гуманизмэмрэ я дунейпсо махуэщ
♦1929 гъэм Налшык щIыпIэ мыхьэнэ зиIэ курорт хъуащ.
♦1957 гъэм Кавказ Ищхъэрэм щыяпэу Налшык телевиденэм лэжьэн щыщIидзащ.
♦1884 гъэм къалъхуащ Тыркум щыпсэуа адыгэ тхакIуэ, дунейпсо литератруэм и классикыу къалъытэ Хьэткъуэ Умар (Омер Сейфеддин).
|