Календарь событий

16 февраля 2025

Бзылъхугъэ гуащIафIэм и щIыхькIэ

УсакIуэм и псэр

Зэи хъуркъым жьы –
Ар къалъху усакIуэу…
ГъащIэми хокIыж
Сабий гу пцIанэу, -
Къанэу и лъэужь. 

Зэгъэщтокъуэ Людэ

Адэ шыпхъум сригъэхъуапсэри…

Налшык къалэ дэт, Тхьэзэплъыж ТIулэ и цIэр зезыхьэ, Дзэ узыфэхэм щеIэзэ республикэ поликлиникэм иIэ мыхьэнэр къыпхуэмылъытэным хуэдизщ.

Хэт зыIэрыхьэнур дыщэр?

Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и гуп нэхъыщхьэм и щIымахуэ чемпионатыр иухыным къэнэжар зы джэгугъуэ за­къуэщ. АрщхьэкIэ иджыри наIуэкъым абы и дыщэ медалхэр зыIэрыхьэнур.

Зэманым декIу лIыфI

Парт, къэрал лэжьакIуэ цIэ­рыIуэ, ЦIыхум и хуитыныгъэ­хэр хъумэнымкIэ уполномоченнэу КъБР-м щыIэ Зумакулов Борис и ныбжьыр илъэс 85-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ абы и ныб­жьэгъу­хэу, жыла­гъуэ­-политикэ лэ­жьакIуэхэу Нэхущ Заурбий, Туменов Мурадин, журналист Къудей Владимир сымэ «Адыгэ псалъэ» газетым и редакцэм къагъэхьа тхыгъэр ди гуапэу тыдодзэ.

Гукъеуэ гъащIэм хузимыIэ...

Ди щIэджыкIакIуэхэм гу лъатагъэнщ зи цIэр хуабжьу мыIуа, усэбзэм е тхакIуэбзэм иджыри фIыуэ хуэ­мы­шэ­рыуэ цIыхухэм я IэдакъэщIэкIхэр га­зетым и напэкIуэцIхэм къы­зэрытеддзэм. Литературэм япэ лъэбакъуэр щызычхэр зэкIэ зыгъэусэр я псэрщ, ауэ куэдрэ къалэмым и гъэбзэкIэри абы лъэщIохьэж. Нобэ ди гуапэу фи пащхьэ къыдолъхьэ Къэхъун къуажэм щыщ Джатокъуэ Хьэжмурат и усэхэр. 

Зэи ящымыгъупщэн лIыгъэ

Урысейм и цIыхуу хамэ щIыпIэ щызэуахэм я фэеплъ махуэр ди къэралым и тхыдэм хэтщ, икIи щхьэусыгъуэ иIэщ Интернационалист зауэлIхэм мазаем и 15-р фэеплъ махуэ щIыхуа­щIам. 1989 гъэм мазаем и 15-м совет зауэлIхэр Афганистаным кърашыжауэ щытащ. Совет Союзым и дежкIэ ар Афган зауэм и кIэухщ. ИлъэсипщIым нэблагъэкIэ екIуэкIа зауэм совет зауэлIу мин 15-м нэс хэкIуэдащ, мини 6-р абы щагъуэта фэбжьым илIыкIащ, цIыху 311-рэ хъыбарыншэу кIуэдащ. СССР-м и республикэхэм ящыщу хэщIыныгъэ нэхъыбэ дыдэ къызылъысар РСФСР-рщ (Урысей Федерацэ).