|
Календарь событий
17 февраля 2025
17 февраля, 2025 - 18:56
Проценти 10-кIэ хагъахъуэ
Прохладнэ къалэм дэт «Кавказпромкабель» заводым илъэс блэкIам къыщIигъэкIащ кабель лIэужьыгъуэу псори зэхэту мини 5-м щIигъу, ар проценти 10-кIэ нэхъыбэщ 2023 гъэм яхузэфIэкIам нэхърэ.
17 февраля, 2025 - 18:00
Зи IэдакъэщIэкIхэр ноби щIаджыкI урыс тхакIуэшхуэ Достоевский Федор и тхыгъэхэр цIэрыIуэ зыщIар ахэр цIыху гъащIэм куууэ зэрыпхыплъыфырщ. Ауэ куэдым ящIэркъым ар езыр щIалэ дыдэу гъащIэм пагъэкI зэрыпэтар. Дауи, куэдым зэхахащ зыхэпщIауэ щыта «Петрашвский и Iуэхур», ауэ ар къызэрекIуэкIар къыбжезыIэфынур мащIэщ.
17 февраля, 2025 - 17:10
Къэбэрдей-Балъкъэрым сумомкIэ и 6-нэ чемпионатрэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ Шэджэм къалэм и спорт комплексым щекIуэкIащ мы махуэхэм. Абы щызэпеуащ республикэм и щIыналъэхэм я спортсмени 100-м нэблагъэ.
17 февраля, 2025 - 17:08
Гъуэгур зыхуей хуагъазэ
«ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Дзэлыкъуэ щIыналъэм и Малкэ - Ингушли, километри 8 зи кIыхьагъ автомобиль гъуэгур зэрагъэпэщыжынущ мы гъэм.
Лэжьыгъэхэр щекIуэкIынур Малкэ къуажэм Ленинымрэ Хъуранымрэ я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэрщ. Иужьрейм тетщ социальнэ мыхьэнэ зиIэ ухуэныгъэхэр: курыт еджапIищ, сабий сад, мэжджыт, фельдшер-акушер пункт, полицэмрэ къуажэ администрацэмрэ я хэщIапIэхэр, нэгъуэщIхэри.
17 февраля, 2025 - 16:47
Зэманым декIур лIыфIщ жиIащ Къэзанокъуэ Жэбагъы. А псалъэ купщIафIэр ди бзэм етхьэлIэмэ, ар мыкIуэдыжын, зиужьын папщIэ зэманым дедгъэкIун хуейуэ аращ. Ар дыдэращ хуабжьу дызыщыгуфIыкI Iуэхуу «Черкесский Ренессанс» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI, Лэскэн районым гъэсэныгъэмкIэ щыIэ унафэщIхэм я чэнджэщэгъухэр зэзыгъэуIу Жылэгъащтэ Хьэчим, «Ростелеком» ПАО-м проектхэмкIэ и унафэщI Сэрахъэ Алан, Налшык къалэм дэт 4-нэ курыт еджапIэм и 11-нэ классым щIэс Мамхэгъ Алим сымэ утыку кърахьа проектыщIэр.
17 февраля, 2025 - 15:40
«Мы дунейм зи лъатэр нэхъыбэрэ щызыкудар ахърэтым нэхъыбэрэ щымэжэлIэнущ», - жеIэ хьэдисым. Лъатэр унэщIыныр узыншагъэм зэрисэбэпым теухуа къэхутэныгъэ куэд щыIэщ. ЩIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, пIалъэкIэ зызыгъэмэжалIэ цIыхум и узыншагъэми хохъуэ, хуэмыгъэхъуж уз хьэлъэхэм я гуащIагъми хощI.
17 февраля, 2025 - 13:36
Дигу къэдгъэкIыжынщи, Дыгъэм къедза уафэщIхэм ящыщу Марс зыхужытIэм НАСА – м и IэщIагъэлIхэм зэхагъэува Iэмэпсымэ телъыджэу Къэмыланджэ (Perseverance) зыфIащам и «лъэр» щригъэувэхар 2021 гъэм и мазаерщ. Ар щрагъэтIысэхар а планетэм и щхьэфэм къытещ кумбышхуэ зэпэхъурейхэм (кратерхэм) яз Джезерощ.
ЩIэныгъэлIхэм къагупсысу Iэзэ дыдэу зэхагъэувэжа а Iэмэпсымэм геолог, астробиолог къалэнхэри егъэзащIэ. Ар, ЩIы Хъурейм траутIыпщыкIыу, а планетэ «плъыжьым» и щхьэфэм зэгуэр къыщызыкIухьа роботхэм я нэхъ хьэлъэ дыдэщ (килограмм 1025-рэ).
17 февраля, 2025 - 12:38
Iуэху еплъыкIэкIэ зэмыщхь цIыхухэри зэгурагъаIуэ псоми я зэхуэдэ бжыгъэхэм. Псом хуэмыдэу ахэр дуней хъурейм къыщыхэбжыкIам деж, жаIэр уи фIэщ умыщIыну Iэмал къыпхуагъанэркъым.
ЩIы хъурейм цIыху меларди 7,8-м нэс тету къалъытэ дызэрыт зэманым. Нэхъыбэм я дежкIэ ар бжыгъэу аркъудейщ. Ауэ ар процентищэу къатщтэрэ зэпэтлъытмэ, ди псэукIэм и сурэтыр нэхъ IупщI мэхъу.
17 февраля, 2025 - 12:00
Анэдэлъхубзэм теухуауэ щыIэ гурыгъузхэр мащIэкъым, ар хъумэным зегъэужьэным, щIэблэм шэрыуэу яIурылъыным техуауэ щIэныгъэлIхэми егъэджакIуэхэм я еплъыкIэ куэд къагъэлъэгъуащ. Абыхэм ящыщщ зыщ илъэс куэдкIэ адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмкIэ егъэджакIуэу лэжьа Балэ Людмилэ и еплъыкIэр.
17 февраля, 2025 - 11:31
Мазаем и 17, блыщхьэ
ХъыбарыщIэхэр зегъэкIуэным и дунейпсо махуэщ
ГумащIагъэр къэгъэлъэгъуэным и дунейпсо махуэщ
Урысей студент гупхэм я махуэщ
1935 гъэм СССР-м и ЦIыхубэ Комиссархэм я Советымрэ ВКП (б)-м и ЦК-мрэ «Москва Союзпсо мэкъумэш выставкэ къыщызэгъэпэщыным теухуауэ» унафэр къащтащ.
|