Календарь событий

18 февраля 2025

Спорт хъыбархэр

Саратов областым и Кубокыр джиу-джитсу спорт лIэужьыгъуэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Энгельс къалэм щекIуэкIащ. Абы хэтащ КъБР-м КаратемкIэ и федерацэм и спортсмену щIалих.

Шэриймрэ Жыласэмрэ я медалхэр

Олимп джэгухэм бэнэкIэ хуитымкIэ щэнейрэ щытекIуа, дуней псом щыцIэрыIуэ бэнакIуэу щыта Медведь Александр и фэеплъ 54-нэ дунейпсо зэхьэзэхуэр Белоруссием и къалащхьэ Минск иджыблагъэ щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ къэрал 11-м я бэнакIуэ лъэщу 300-м щIигъу, гупи 10-у гуэшауэ.

Процент 21-м щIигъукIэ нэхъыбэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и промышленнэ индексыр, 2023 гъэм щыIа бжыгъэхэм елъытауэ, процент 21,4-кIэ хэхъуащ нэгъабэ. Ар и щыхьэтщ республикэм и промышленность IэнатIэм иужьрей илъэсхэм хэпщIыкIыу зэрызиужьамрэ экономикэм зэхъуэкIыныгъэфIхэр зэрыщекIуэкIымрэ.

Монголиер къахохьэ

2025 гъэм гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэр ирагъэжьэным ипэ къихуэу республикэм и мэкъумэшыщIэхэм нартыху жылапхъэу тонн зы миным нэблагъэ къэралым и адрей щIыналъэхэмрэ хамэ хэкухэмрэ хурагъэшащ. Россельхознадзорым и щIыналъэ къудамэу Кавказ Ищхъэрэм щыIэ управленэм и IэщIагъэлIхэм апхуэдэ хъыбархэр иджыблагъэ къатащ, жылапхъэхэм я фIагъыр зыхуэдэр къапщыта иужь.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

«2025 гъэмрэ 2026, 2027 гъэхэм планкIэ яку дэлъ лъэхъэнэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и республикэ бюджетым и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законыр зэрагъэзэщIэнум хэлъ щхьэхуэныгъэхэм ятеухуауэ

2025 гъэм щIышылэм и 28-м         Налшык къалэ          №6-ПП

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:

IУЩАГЪЫШХУЭ ЯХЭЛЪЩ

Да Винчи Леонардэ дуней псом и зэфIэкIыр къыщалъытэу, и пщIэр щылъагэу лIэщIыгъуэхэм къапхрыкIащ, дяпэкIи абы и вагъуэр зэрымыужьыхынур хьэкъщ. СурэтыщI цIэрыIуэм лъэныкъуэ куэдкIэ зэфIэкI бгъэдэлът. Абыхэм ящыщ зыщ абы Iущагъышхуэ зыхэлъ хъыбар кIэщIхэр тхыныр фIы дыдэу къехъулIэу зэрыщытар. Абыхэм ящыщ зыбжанэ зэридзэкIащ Хьэту Пётр.

Псы

Дыкъэзыухъуреихь дунеймрэ сабийхэмрэ зэпещIэ

Адыгэ сабий литературэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ Гъубжокъуэ Лиуан (1937 - 1988). Абы и тхыгъэхэм къыщиIэт Iуэхугъуэхэр, ахэр зыхуэгъэпсар купщIафIэу зэпкърихащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор ХьэкIуащэ Мадинэ.

НОБЭ

Мазаем и 18, гъубж

♦Урысей Федерацэм и Транспорт полицэм и махуэщ

♦УФ-м IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм дзэхэр зыхуей хьэпшыпхэмрэ ерыскъыпхъэхэмкIэ къызэзыгъэпэщ и IэнатIэм и махуэщ

♦1924 гъэм Налшык Лениным и цIэр зезыхьэ еджапIэ къалэ цIыкIу къыщызэIуахащ.

♦1943 гъэм Адыгэ Республикэр нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэм къыIэщIагъэкIыжащ.