|
Календарь событий
19 февраля 2025
19 февраля, 2025 - 16:00
Уахэ жыжьэм и зы плIанэпэм вагъуэ гуэрэнышхуэрэ абрагъуэу щызэхэт къэщIыгъэхэм (галактикэхэм) ящыщу тIум гъунэгъу дыдэ зэрыщызэхуащIам иджыблагъэ гу лъатащ NASA зэгухьэныгъэм (США) хуэлажьэ щIэныгъэлIхэм.
ЯфIэтелъыджэ хъуа а Iуэхугъуэр зэрекIуэкIым астрономхэр лъыгъуэзащ ЩIым и хъуреягъыр езыр-езыру къэзылъэтыхь спутникым хэт обсерваторэм хащIыхьа Хаббл телескопымкIэ.
19 февраля, 2025 - 14:27
Дэ мызэ-мытIэу зэхэтхащ Урысейм и пащтыхь гуащэу щыта Екатеринэ ЕтIуанэмрэ франджы узэщIакIуэ Вольтеррэ зэхуэтхэу, зэныбжьэгуу зэрыщытар. Ауэ а тхыгъэхэм адыгэхэм ятеухуа гуэрхэм уазэрыщрихьэлIэр къыщытщIар иджыблагъэщ.
19 февраля, 2025 - 14:24
«2035 гъэ пщIондэ гъуэгу хозяйствэм зегъэужьынымкIэ Iэмалхэр» фIэщыгъэр иIэу УФ-м ГъуэгухэмкIэ и федеральнэ агентствэм мазаем и 15 - 16-хэм зэIущIэ щекIуэкIащ. Абы щыхэплъащ мы гъэм къыхалъхьа «ГъащIэм папщIэ инфраструктурэ» къэрал пэхуэщIэм къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм.
19 февраля, 2025 - 13:00
Къэбэрдей литературэр зэфIэувэным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа тхакIуэщ ЩоджэнцIыкIу Алий. Абы и IэдакъэщIэкIхэрщ лъэпкъ литературэр гъуэгуанэщIэ тезыгъэувари зыужьыныгъэм хуэзышари. УсакIуэ гъуэзэджэр зымыцIыху, абы и тхыгъэхэм щымыгъуазэ яхэтын хуейкъым ар къызыхэкIахэми. КъищынэмыщIауэ, ЩоджэнцIыкIум и зэфIэкIыр, и гуащIэр зыхуэдэм щыгъуазэщ нэгъуэщI лъэпкъхэм къыхэкIахэри. Абы и щыхьэтщ Алий теухуауэ цIыху щэджащэхэм жаIауэ тхыдэм къыхэнахэр.
19 февраля, 2025 - 12:55
Мазаем и 19, бэрэжьей
Джейхэр хъумэным и дунейпсо махуэщ
1954 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и унафэкIэ Кърым областыр РСФСР-м хагъэкIри, Украинэм иратащ.
1949 гъэм къалъхуащ адыгэ макъамэдж Къардэн Юлие.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэс къыщесынущ. ЩIыIэр махуэм градуси 6 - 5, жэщым градуси 7 - 6 щыхъунущ.
19 февраля, 2025 - 12:26
Лъэпкъыр лъэпкъ зыщIыжыр и бзэмрэ и хабзэмрэщ. Ар цIыхум къыдалъху, къыдогъуэгурыкIуэ, и псэм хухэмыхыну мэхъу. НобэкIэ дунейм бзэ 7I5I-рэ тету жаIэ. А псоми уахэплъэжмэ, нэхъыжь дыдэхэм ящыщщ адыгэбзэр… ЩIыуэпсыбзэр, макъыбзэр, ди анэдэлъхубзэ дахэр.
19 февраля, 2025 - 12:14
Хэку зауэшхуэм хахуэу щызэуахэм, мамырыгъэм зи псэр щIэзытахэм я фэеплъыр ди нобэм зэрахъумэ Iуэхугъуэ нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщщ «Полк уахътыншэ» зыфIащар.
19 февраля, 2025 - 11:18
Адыгейм щыщ, а республикэми, гъунэгъу хэгъэгухэми, Урысей псоми щыцIэрыIуэ сурэтыщI Къат Теувэж нэхъыбэу сурэт зэрищIыр акварелращ, ар краскэ псынщIэщ, узэпхроплъ. Уеблэмэ, ар бзылъхугъэ краскэу жаIэ языныкъуэхэм. Къыхэгъэщыпхъэщ урилэжьэну хуабжьу зэрыгугъур.
- Ухуэсакъын хуейщ, армыхъумэ пIэщIож, къыддогуашэ Теувэж. Нэхъыбэу апхуэдэ краскэ къыщагъэсэбэпыр Сирие, Иорданиеращ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, къуэкIыпIэ Iуэхугъуэхэр ириптхыну нэхъ къозэгъ.
|