|
Календарь событий
20 февраля 2025
20 февраля, 2025 - 17:05
«Лэжьыгъэмрэ къагъэсэбэпхэмрэ я кIэрыху-бжьэрыхухэм я IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым теухуауэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ
20 февраля, 2025 - 16:32
Философие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, монографие 13-рэ щIэныгъэ лэжьыгъэу 100-м щIигъу зи Iэдакъэ къыщIэкIа Тхьэгъэпсо Хьэжысмел и тхылъыщIэ дунейм къытехьащ. ЩIэныгъэлIым «Этническая культурология: традиционное и современное» зыфIища тхылъыр къыдигъэкIащ ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием.
20 февраля, 2025 - 15:28
МацIэ Русланрэ Щомахуэ Хьэмыдбийрэ я «ЗэныбжьэгъуитI» къафэр куэдым ягу ирихьырт, Щоджэн Владимир и сэпэхэтIэхэмкIэ, Ало Жаннэ, БжэныкIэ Надеждэ, Iэсей Светланэ, Шэбэзджэрий Рае сымэ я «Хъыджэбз къафэмкIэ», ДзыхьмыщIхэ Къэралбийрэ Зарэрэ «ИслъэмеймкIэ», Мысачэ Валентинэ «ГандаганымкIэ», Нэгъуд Борисрэ Джатэжь Хьэмидбийрэ «ПсэлъыхъухэмкIэ», Балъкъэр СэфрэIил, Соттаев Къанщауэ, КIэрэф Анатолэ, Молай Алик сымэ «Мэлыхъуэ къафэмкIэ», Жабоевэ Еленэрэ Нэгъуд Любэрэ «Акушин къафэмкIэ», Къэрэжь Людмилэрэ Мэрыш Зауррэ «КартулимкIэ» цIэрыIуэ щыхъуат Доминикан щIыналъэм.
20 февраля, 2025 - 14:27
Псалъэжьри псалъэ шэрыуэри жыIэгъуэ (афоризм) жанрым хуахьыр. ТIури цIыху гъащIэм къыхокI, икIи зэманым зэрызихъуэжым емылъытауэ, IуэрыIуатэм нобэ къыздэсым зыщызыужьхэм ящыщщ, икIи жанр зэмылIэужьыгъуэхэми хэпщIа мэхъур.
20 февраля, 2025 - 13:24
Болэ Алесэ Плановскэ (Ботэщей) къуажэм дэт етIуанэ курыт еджапIэм и егъэджакIуэщ, абы и унафэщIым гъэсэныгъэ IуэхухэмкIэ, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэнымкIэ и чэнджэщэгъущ, школым хэт ныбжьыщIэ театрым и унафэщIщ, КъБКъУ-м урысыбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэм щIэныгъэ щызэригъэгъуэтащ Курыт еджапIэм къекIуалIэхэр еджэным дегъэхьэхыным, творческэ зэфIэкI зиIэ сабийхэр къэхутэным, литературэр къагурыIуэу егъэсэным, хэкупсагъэм хуэущииным теухуауэ бзылъхугъэм хузэфIэкIыр куэд мэхъу.
20 февраля, 2025 - 12:01
ЦIыхухэр щызэрихьэлIэкIэ сэлам зэрах, я Iэр зэроубыд. ЩызэрихьэлIэ елъытакIи, адыгэхэм я фIэхъус сэламыр лIэужьыгъуэ куэд хъууэ щытащ.
Псалъэм папщIэ, Iуэху зыщIэ ирихьэлIэмэ, жраIэ: «Iуэху фIохъу апщий!» Сэлам зрахам жэуап къетыж: «Упсэу апщий!» Абы къыщIигъужынкIэ мэхъу (зэрихьэлIахэм я ныбжь елъытауэ): «Тхьэм и щIасэ ухъу!»
20 февраля, 2025 - 11:53
ММА-м и лIыхъужьхэр
«Мэздэгу и спорт лигэ» фIэщыгъэм щIэту а къалэм щекIуэкIащ ММА-мкIэ зэхьэзэхуэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэм зэфIэкIыфIхэр абы къыщагъэлъэгъуащ икIи медаль куэд къыщахьащ.
20 февраля, 2025 - 10:51
ЦIыхубэм яIурылъ бзэм и дахагъри, и IэфIагъри, и къабзагъри мыгъэкIуэдауэ, зытетхыхь Iуэхум тэмэму тегъэпсыхьауэ къэгъэсэбэпыныр тхакIуэм и тхыгъэхэм я фащэщ. Аращ Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ Нало Ахьмэдхъан и тхыгъэхэм гъунэжу щIыхэбгъуатэр псалъэ купщIафIэхэр, гушыIэ дахэкIэ узэда псалъэ шэрыуэхэр. УсакIуэ, критик Къэжэр Хьэмид зэрыжиIауэ абы и тхыгъэм телъыжщ езым и нэпкъыжьэ. ГъэщIэгъуэнщ абы теухуауэ Къэжэрым итхар.
20 февраля, 2025 - 09:15
Мазаем и 20, махуэку
ЦIыхухэр зэхуэгъэдэным и дунейпсо махуэщ
1975 гъэм хьэуам зыщыхъумэжынымкIэ дзэхэм я махуэр ягъэуващ.
1940 гъэм Налшык къалэм IэфIыкIэ щащI фабрикэ къыщызэIуахащ.
1897 гъэм къалъхуащ адыгей тхакIуэ Теувэж Хьэбиб.
1935 гъэм къалъхуащ медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессору щыта Гъащтэ Абдул.
|