|
Календарь событий
23 февраля 2025
23 февраля, 2025 - 14:10
Алыдж-урым бэнэкIэ
Тэрч районым хыхьэ Плановскэ къуажэм и физкультурэ-узыншагъэр щрагъэфIакIуэ комплексым ныбжьыщIэхэм щрагъэкIуэкIащ алыдж-урым бэнэкIэмкIэ щIыналъэ зэIуха зэхьэзэхуэ. Ар фэеплъ хуащIащ мы куейм щыщу япэ дыдэу СССР-м спортымкIэ и мастер хъуа Къаир Руслан.
23 февраля, 2025 - 12:00
Хэкум и хъумакIуэм и махуэм и щIыхькIэ Бахъсэн къалэ округым Iуэху дахэ щекIуэкIащ. «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэ» зэгухьэныгъэм районым щыIэ и къудамэм хэтхэм ящыщу зи ныбжьыр илъэс 14 ирикъуахэм иратыжащ къэралым и дэфтэр нэхъыщхьэр - УФ-м и паспортыр. Ар къызэрагъэпэщащ «Дэ Урысейм дрицIыхущ» къыхуеджэныгъэм щIэту. БалигъыпIэ иувахэм паспортхэр щратыжа зэIущIэм зыкърагъэхьэлIащ Бахъсэн къалэ округым и администрацэм, егъэджэныгъэмкIэ департаментым я лэжьакIуэхэм, егъэджакIуэхэм, адэ-анэхэм, журналистхэм.
23 февраля, 2025 - 11:00
- Уэ ухьэрычэтыщIэ?
- Хьэуэ. Сэ сыанэщ, пенсэм сыщысщ.
Тырныауз къалэм щыщ ХьэвцIыкIу ФатIимэ дедгъэкIуэкI псалъэмакъыр гугъуу ежьащ япэщIыкIэ - ар хуейтэкъым илэжь псапэр хэIущIыIу ищIыну. ИкIи къыдэпсэлъэну арэзы щыхъуар, езым дытемыпсэлъыхьу, дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ СВО-р щекIуэкI щIыналъэхэм щыпсэухэмрэ ядэIэпыкъу гупхэм я гугъу нэхъыбэу тщIыну къэдгъэгугъа иужькIэщ. А гупхэм зэреджэри гъэщIэгъуэнщ - «IуэхуфI лэжь, Тырныауз», «IуэхуфI лэжь, Зеикъуэ»…
23 февраля, 2025 - 10:01
Урысейм и суд приставхэм я федеральнэ къулыкъум и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр Хэкум и хъумакIуэм и махуэм ипэ къихуэу щыIащ Налшык къалэм дэт жьы хъуахэмрэ ныкъуэдыкъуэхэмрэ щакIэлъыплъ унэ-интернатым. Абы иджыпсту щопсэу зи ныбжь хэкIуэтауэ цIыхуи 140-м щIигъу. Ахэр гуапэу икIи къащыгуфIыкIыу къаIуощIэ хьэщIапIэ яхуэкIуэхэм.
|