|
Календарь событий
24 февраля 2025
24 февраля, 2025 - 18:29
- Сыт щыгъуи прикладной гъуазджэр сфIэфIщ. КъызэрыщIэздзар цIыхухъу бгырыпхщ, итIанэ хьэзыр сщIыуэ сыхуежьащ, жеIэ «Рембыттехника» IуэхущIапIэм и тхьэмадэу, ди республикэм и дыщэкI лъэщапIэм и унафэщIу щыта Мэржэхъу МэчрэIил.
24 февраля, 2025 - 17:27
2024 гъэм къриубыдэу Май щIыналъэм розницэ сатууэ щащIам и куэдагъым абы ипэ ита илъэсым елъытауэ процент 25,8-кIэ хэхъуащ икIи сом мелард 1,4-м ар зэрынэхьэсащ.
24 февраля, 2025 - 16:23
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыщ медицинэ лэжьакIуэхэр зэфIэкI хъарзынэхэр къагъэлъагъуэу Урысейм и щIыналъэщIэхэм щолажьэ.
Ди республикэм и нэIэ зытет Херсон областым хыхьэ Скадовск къалэм я IэнатIэр щезыхьэкI анестезиолог-реаниматологхэу Тэрчокъуэ Иналрэ Урыс Русланрэ «Урысей зэкъуэт» партым и ФIыщIэ тхылъкIэ ягъэпэжащ иджыблагъэ. ЩIыналъэм хиубыдэ Бехтеры къуажэм щекIуэкIа зэхэуэм фэбжь хэзыха жылэдэсхэм зыхуэныкъуэ медицинэ Iуэхутхьэбзэхэр щыхуащIэм щIалэхэм къагъэлъэгъуащ Iэзагъышхуэ зэрахэлъыр, псэемыблэжу я лэжьыгъэм зэрыпэрытыр, я IэщIагъэм зэрыхуэпэжыр.
24 февраля, 2025 - 15:20
Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм къызэритамкIэ, 2024 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым лырэ джэдкъазылу къыщалэжьар проценти 8,5-кIэ нэхъыбэщ 2023 гъэм яхузэфIэкIам елъытауэ икIи тонн мини 154,6-рэ хъуащ ар.
24 февраля, 2025 - 14:16
Хэку зауэшхуэм и тхыдэм щыщ Iуэхугъуэхэр щIэрыщIэу къэзыIэтыж, архив гъэтIылъыгъэхэм къыхэкIыж дэфтэрхэм блэкIам ухэзыгъэплъэж, ахэр щапхъэщIэхэмкIэ къызэкIуэцIыхыж дунейпсо щIэнIуатэт Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым Iуащхьэмахуэ лъапIэ щиIэ егъэджэныгъэ-щIэныгъэ центрым иджыблагъэ щригъэкIуэкIар.
24 февраля, 2025 - 13:14
«Хэкум и хъумакIуэхэр» фондым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм СВО-м хэтхэмрэ абы къикIыжахэмрэ ядэIэпыкъуным теухуауэ и лэжьыгъэр зэпыуркъым. Фондым зыкъыхуагъазэ СВО-м хэтхэм, абы и ветеранхэр, къулыкъум пэрыту хэкIуэдахэм я унагъуэхэм упщIэ зэхуэмыдэхэр яIэу зыкъыхуагъазэ фондым. ЗыгъэпIейтей упщIэхэр медицинэ, юридическэ Iуэхутхьэбзэхэм, лэжьапIэм, IэщIагъэ зэгъэгъуэтыным, дэфтэр зэхуэхьэсыным, мылъку дэIэпыкъуныгъэм.
24 февраля, 2025 - 12:12
Адыгэр дуней псом шикъухьа зэрыхъурэ лIэщIыгъуэ зыбжанэ дэкIыжащ. ХамэщI къыщыщагъэхутэм, лъэпкъыр кIуэдыжыпэнкIэ куэдыр гугъами, абы и бзэр ихъумэжащ, и хабзэр зэрехьэ.
24 февраля, 2025 - 11:11
Мазаем и 24, блыщхьэ
1915 гъэм къалъхуащ драматург, УФ-м щIыхь зиIэ и артист Щхьэгъэпсо Мухьэмэд.
1942 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Алшагъыр Борис.
1958 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, хьэрычэтыщIэ, экономикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Ерчэн Темболэт.
Дунейм и щытыкIэнур
24 февраля, 2025 - 11:06
«Щэнхабзэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым теухуауэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ
24 февраля, 2025 - 10:29
Къэрал зыбжанэм мазаем и 23-м щагъэлъапIэ Хэкум и хъумакIуэм и махуэр. 1922 гъэм СССР-м къыщыхалъхьауэ щытащ «Дзэ Плъыжьымрэ флотымрэ я махуэу». 1949 гъэм щегъэжьауэ 1993 гъэ хъуху «Совет Армэмрэ Дзэ-Тенджыз флотымрэ я махуэ» цIэр зэрихьащ. СССР-р лъэлъэжа нэужьи, СНГ-м и къэрал зыбжанэм щагъэлъапIэу къэнэжащ мы махуэр.
|