|
Календарь событий
25 февраля 2025
25 февраля, 2025 - 16:07
ТхакIуэ куэд дихьэхыу щытащ Кавказым и дахагъэм, я IэдакъэщIэкIхэри абы траухуэу. Пушкин Александр Кавказым япэу и гугъу щищIар «Кавказым и гъэр» поэмэрщ (1821 гъэм итхар). Ауэ абы бгырыс щIыналъэр илъэс и пэжкIэ зригъэцIыхуат, Ставрополь щIыналъэм къыщагъэкIуам…
25 февраля, 2025 - 15:47
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щекIуэкI турист лэжьыгъэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 4-нэ, 5-нэ статьяхэмрэ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм бгы лыжэ туризмэм зыщегъэужьыным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 3-нэ, 5-нэ статьяхэмрэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым теухуауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ
25 февраля, 2025 - 15:06
Урысейм щIыхь зиIэ и художник, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, «ЩIыхьым и дамыгъэ» орденыр зыхуагъэфэща Ваннах Михаил Хэку зауэшхуэр и щхьэкIэ зыгъэунэхуахэм ящыщщ.
Ваннах Михаил и сурэтхэр цIыху куэдым ящэху, жылагъуэ IуэхущIапIэхэр абыхэм ягъэдахэ, илъэс 80-м щIигъуауэ гъэлъэгъуэныгъэ зэхуэмыдэхэми утыку къыщрахьэ. Къыхэгъэщыпхъэщ, художникым и IэдакъэщIэкIхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым, нэгъуэщI къалэхэм, къэралхэм я музейхэм я гъэтIылъыгъэхэм зэрыхэлъыр.
25 февраля, 2025 - 14:09
Пэжу апхуэдэ пашэныгъэр щIыхь зыпылъкъым икIи абы зыри хуейкъым. И щхьэусыгъуэри къызэрыгуэкIщ, къызэрежьамрэ зэриухыжамрэщ.
1962 гъэм СССР-м ШынагъуэншагъэмкIэ и къэрал комитетым и лэжьакIуэхэр я лъэужь техьащ мылъкушхуэ зэхэзыдыгъуэхэм. ГъэщIэгъуэнт абыхэм къигъэхъуапIэу къыхахари: Москва и Краснопреснэ районым щыIэ психо-неврологие сымаджэщым щIэлъхэм щеIэзэ-щагъэлажьэ лъэщапIэхэрт. Ахэр Совет Союзым япэу къыщаумыса мелуанырыбжэхэт.
25 февраля, 2025 - 13:44
Тренер цIэрыIуэм и фэеплъу
ДзюдомкIэ тренер Майсурадзе Альберт и фэеплъу щIыналъэхэм я зэхьэзэхуэ екIуэкIащ. Ди республикэм и спортсменхэм я гъусэу абы щыбэнащ Осетие Ищхъэрэ – Аланием къикIахэри. Зэхьэзэхуэм щызэпеуахэр 2013 гъэм къалъхуа ныбжьыщIэхэрщ.
25 февраля, 2025 - 12:26
«Адыгэ литературэр и лъэщагъкIэ, дахагъкIэ ди Кавказ къуршхэм ебгъапщэ хъунумэ, а бгыуардэм зи лъагагъкIэ къахэщхэм ящыщщ ЩоджэнцIыкIу Iэдэм и цIэр зыхуэбгъэфэщэну щыгур. Адыгэ (Къэбэрдейм и мызакъуэу) гъуазджэм, щэнхабзэм заужьыным апхуэдизкIэ куэд хилэжьыхьащ, Iэдэм и фIыщIэм хуэфащэ увыпIэ ди тхыдэм щиIыгъщи, цIыхубэм абы и IэдакъэщIэкIхэм, и цIэмрэ и щхьэмрэ хужаIэ щытхъу псалъэхэм хэхъуэурэ екIуэкIынущ, - щитхащ тхакIуэ, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Мэзыхьэ Борис тхакIуэр къызэралъхурэ илъэси I00 щрикъум аби и творчествэм триухуа и тхыгъэм.
25 февраля, 2025 - 11:55
Республикищым ис адыгэ журналистхэм ди зэдэлэжьэныгъэм тегъэщIапIэ хуэхъур лъэпкъ Iуэхуращ. Апхуэдэ къалэн яIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым къеблэгъа ди лэжьэгъухэр псом япэу зыхуэзахэм ящыщщ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий. Фи пащхьэ идолъхьэ «Черкес Хэку» газетым и лэжьакIуэ Аслъэныкъуэ Мадинэрэ «Адыгэ макъ» газетым и журналист Ансыкъуэ Иринэрэ Хьэутий драгъэкIуэкIа интервьюр.
- Лъэпкъыр зы дызыщIщ Дунейпсо Адыгэ Хасэр. А зэгухьэныгъэр къызэгъэпэщыным, абы лъэпкъымкIэ иIэ мыхьэнэм и гугъу къытхуэпщIамэ, ди гуапэт.
25 февраля, 2025 - 10:01
СурэтыщI гъуазджэр республикэм щызэфIэувэным, зыщегъэужьыным хэлIыфIыхьахэм ящыщщ Урысейми Къэбэрдей-Балъкъэрми щIыхь зиIэ я художник Третьяков Николай.
25 февраля, 2025 - 09:00
Мазаем и 25, гъубж
1946 гъэм Дзэ Плъыжьым зэреджэр Советыдзэ жиIэу зэрахъуэкIащ.
1916 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, КъБКъУ-м и япэ ректору щыта Бэрбэч ХьэтIутIэ.
1930 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ КIуэкIуэ Джэмалдин.
|