|
Календарь событий
27 февраля 2025
27 февраля, 2025 - 19:54
Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и щIымахуэ чемпионатым, зэрыхуэдгъэфэщауэ, зыми хухэмыгъэщIа командэм бжьыпэр щиубыдащ. Ар къикIуэт зымыщIэу, зы щхьэкIэ адрейхэм ефIэкIыу, зэпымыууэ япэ увыпIэм щыту джэгуа Псынэдахэ къуажэм и «Родник»-рщ.
Чемпион хъуа гупыр 13-нэ джэгугъуэм, зэхьэзэхуэм и кIэухым, зыIущIар Налшык и «ГорИС» гупырти, 2:0 бжыгъэкIэ текIуащ.
27 февраля, 2025 - 18:59
Начался прием заявок на образовательную программу
для участников и ветеранов СВО
«Герои Кабардино-Балкарской Республики»
27 февраля, 2025 - 18:42
Алыдж-урым бэнэкIэ
«Zagreb Open 2025» фIэщыгъэр зэрихьэу бэнэкIэ хуитымрэ алыдж-урым бэнэкIэмкIэ зэхьэзэхуэхэр Хорватием и къалащхьэ Загреб махуитIкIэ щекIуэкIащ. Урысей Федерацэм и спортсменхэм абы къыщахьащ дыщэ медалу 5, дыжьыну - 2, домбеякъыу - 4.
27 февраля, 2025 - 18:39
Шахмат
Бахъсэн къалэм и курыт еджапIэхэм шахматымкIэ я зэхьэзэхуэ екIуэкIащ. 2025 гъэр Хэкум и хъумакIуэм и илъэсу зэрагъэувамрэ ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 80 зэрырикъумрэ траухуауэ щытащ ар.
ЩIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту 246-рэ щызэпеуащ а зэхьэзэхуэм. Ахэр командэ 17 хъууэ щытащ икIи я ныбжь елъытауэ гупищу гуэшат. ЗэIущIэхэм къарикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь наIуэ къызэрыхъуамкIэ, япэ увыпIэр иратащ Бахъсэн къалэм и курыт еджапIэ №1-м. Абы къызэринэкIащ курыт еджапIэхэу №№10-р, 4-р.
27 февраля, 2025 - 16:34
Адыгэ лъэпкъым къыдекIуэкI хъугъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэхэр хъума щыхъур, шэч хэмылъу, унагъуэращ. Абыхэм я нэхъыщхьэр адыгэбзэр щIэблэм егъэщIэнырщи, къежьапIэм куэд елъытащ. Мис апхуэдэ мыхьэнэ ин зиIэ Iуэхущ илъэс зыбжанэ хъуауэ КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Егъэджэныгъэ IэнатIэм пэрытхэм я Iэзагъыр хэгъэхъуэнымкIэ зэпымыууэ лажьэ и центрым Адыгэбзэм зегъэужьынымкIэ и лабораторэм иригъэкIуэкIыр.
27 февраля, 2025 - 14:30
Тхыдэр щыхьэт зэрытехъуэщи, Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм, псом хуэмыдэу Кавказым папщIэ щызэпэщIэтым, нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм текIуэнымкIэ къалэнышхуэ игъэзэщIат Налшык.
Ар къарури Iэщэри щызэщIагъэуIуэ щIыпIэ хъуат. Къэбэрдей-Балъкъэрыр мазитхум нэблагъэкIэ бийм иIыгъащ. Республикэм и щIыпIэхэм зэхэуэ гуащIэхэр щекIуэкIащ, ди цIыхухэр зэрыпхъуакIуэхэм лIыгъэ яхэлъу япэщIэтащ. ЩIыналъэм и щыхьэрыр 1943 гъэм щIышылэм и 4-м щхьэхуит къащIыжащ, махуэ зыбжанэ дэкIри, щIышылэм и 11-м, республикэр зэрыщыту.
27 февраля, 2025 - 12:26
- Сэ, уэр нэмыщI, си гупсысэмрэ си дуней тетыкIэмрэ къызыгурыIуэ щымыIэу къысщыхъурти, арат сыт щыгъуи сыныщIогупсысыр, - щыжысIэм,
- Сэри куэдрэ къуажэмкIэ си гур щыIащ, сымаджэщым куэдыIуэрэ сыщIэлъащ, армыхъумэ, зэзэмызи сыкъэкIуэжащэрэт щыжысIи къэхъурт.
- Сыт, усымэджауэ ара?
- Хьэуэ, си мамэ и гъусэу сыщIэлъауэ аращ, - жиIащ, лей зэрыжиIам хущIегъуэжауэ. Сэри апхуэдэу гу лъыстэщакъым, езыми хуэсхьакъым, и анэр фIыуэ щилъагъукIэ, дауи, абы и сымаджагъэр диIыгъауэ къыщIэкIынщ, жысIэри.
27 февраля, 2025 - 10:37
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и автомобиль гъуэгухэмрэ абыхэм щекIуэкI гъуэгу лэжьыгъэмрэ я IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым теухуауэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:
1.«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и автомобиль гъуэгухэмрэ абыхэм щекIуэкI гъуэгу лэжьыгъэмрэ я IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законыр къэщтэн.
27 февраля, 2025 - 10:01
ЗэрыжаIэу, дыщэм ухэсу щытми, хэку уимыIэжыныр – ар насыпыншагъэшхуэщ. Ар зыгъэунэхуахэм ящыщщ адыгэ лъэпкъри. Дауэ щымытми, ахэр хущIэкъуащ къызыхэкIа лъэпкъым и фIыпIэ псори зэрыхъукIэ зэрахъумэным. Хамэ щIыналъэм я щэнхабзэм щигъуэта зэхъуэкIыныгъэм теухуащ хэхэс гъащIэр зи натIэ хъуахэм ящыщ Дыгъужь ФуIэд и тхыгъэр.
27 февраля, 2025 - 09:00
Мазаем и 27, махуэку
Мыщэ хужьым и дунейпсо махуэщ
Правительствэм и нэIэ щIэмыт зэгухьэныгъэхэм я дунейпсо махуэщ
Урысейм щытыкIэ хэхам деж къагъэсэбэп и къарухэм я махуэщ
1945 гъэм Мэсей Аслъэнджэрий «Совет Союзым и ЛIыхъужь» цIэр къыфIащащ.
1940 гъэм къалъхуащ шэрджэс сурэтыщI Мэзукъэбз Хьэзрэт.
|