|
Календарь событий
02 марта 2025
2 марта, 2025 - 14:15
ЩIымахуэм и тхыпхъэ зэхуэмыдэхэр хэпхъат, къабзагъэр ешэкIат, адыгэ псалъэм и къару лъэщыр щызэщIэгъэуIуат, усыгъэм хэлъ щэхухэмрэ пэжымрэ щабэу пхышыжат мы тхыгъэмкIэ зэ фызыхэтшэжыну пшыхьым, Iэгуауэншэ пшыхьым. Щхьэ Iэгуауэншэт?!
2 марта, 2025 - 12:13
Ди республикэм щыщ щIалэгъуалэ куэд ди къэралым и къалэшхуэхэм ехъулIэныгъэхэр яIэу щолажьэ. Абыхэм ящыщ зыщ Лэскэн районым хыхьэ Урыху къуажэм къыщалъхуа Жамбей Азэмэт. 2012 гъэм абы КъБКъУ-м и медицинэ къудамэр къиухащ, интернатурэри абы щрихьэкIащ.
2 марта, 2025 - 11:18
«Кавказфильм» киностудием и зы лэжьыгъэфIкIэ аргуэру дегъэгушхуэ. Абы Налшыкрэ республикэм и бгыхэмрэ щытрихащ «Так не принято» фильм кIэщIыр (дакъикъэ 15-кIэ йокIуэкI) икIи иджыблагъэ ди щыхьэрымрэ Черкесск къалэмрэ утыку къыщрихьащ.
2 марта, 2025 - 10:10
ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академиер, Адыгэ Республикэм Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтыр, «Адыгэ Хасэ-Шэрджэс Парламент» адыгей жылагъуэ зэгухьэныгъэр зэщIыгъуу мазаем и 20 - 21-хэм ирагъэкIуэкIащ анэдэлъхубзэр хъумэнымрэ зегъэужьынымкIэ VII Дунейпсо зэIущIэ. ЩIыдэлъху лъэпкъхэм я бзэр хъумэным хухаха илъэси 10-м (2022 - 2032 гъэхэр) ипкъ иту къызэрагъэпэща зэIущIэм хэтащ Дунейпсо Адыгэ академием и академикхэр, Осетие Ищхъэрэ - Алание Республикэм, Тыркум, Абхъазым, нэгъуэщI щIыналъэхэм я щIэныгъэлIхэр.
2 марта, 2025 - 10:01
Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм иджыблагъэ щекIуэкIащ экстремизм, терроризм щIэпхъаджагъэхэм пэщIэтыным ехьэлIа зэIущIэ.
|