|
Календарь событий
03 марта 2025
3 марта, 2025 - 16:00
Грознэ къалэм щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэм ММА-мкIэ и чемпионатрэ пашэныгъэр къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ. Абы щызэпеуащ спортсмени 150-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэс 18 - 20-м къриубыдэу.
3 марта, 2025 - 14:10
Мыбы ипэкIэ дытетхыхьат дыщыпсэу ЩIыр зэкIэрэхъуэкI Дыгъэр зыхыхьэ Шыхулъагъуэ (Млечный путь) вагъуэ зэрыбын абрагъуэмрэ абы нэхъ къыпэгъунэгъу Андромедэ вагъуэ куэщIымрэ (галактикэмрэ) зэпэблагъэ хъуа иужькIэ кърикIуэнкIэ хъунур зыхуэдэм.
3 марта, 2025 - 14:08
Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхар къыщыхъеям, зызыIэту къэралым къуэувахэм яхэтщ ди республикэм икIа щIалэхэр. Хэкум, лъэпкъым, унагъуэм, къэкIуэнум папщIэ! Аращ «хъумэн» жыхуиIэ лIы къалэным гупсысэу пагъэувар, я лъэр щIэзыгъэкIар. Къулыкъум упэрыува нэужь, япэ дыдэу къызыкъуэпхыр уи лIыгъэрщ.
3 марта, 2025 - 13:00
Шэджэм ЕтIуанэм дэт мэжджытым и Iимам ХъуэкIуэн Арсен и хъутIбэр теухуащ иджыпсту цIыхубэр нэхъ зыхуэныкъуэ цIыху лIэужьыгъуэм.
3 марта, 2025 - 12:58
IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэ куэдым пэрыту къэрал Iуэху мымащIэ зэфIэзыха, зи ныбжьыр илъэс 90-м нэблэгъа Къэгъэзэж Шамхьир и гукъэкIыжхэм уедэIуэну сыт щыгъуи гъэщIэгъуэнщ. МызыгъуэгукIэ абы игу къегъэкIыж езыр къыщалъхуа Псынабэ къуажэм зэрызиужьар, лэжьыгъэ IэнатIэхэр зэрыщызэфIэувар.
3 марта, 2025 - 11:50
Къэбэрдей-Балъкъэрым и туризм IэнатIэм и зэфIэкIхэр наIуэ къыщищIынущ туризмэмрэ хьэщIагъэм ехьэлIа Iуэхухэм зрагъэужьыным хуэунэтIауэ мы гъэм гъатхэпэм икухэм Мэзкуу къалэм щрагъэкIуэкIыну «MITT-2025» дунейпсо гъэлъэгъуэныгъэм. «Къэбэрдей-Балъкъэрым узыIэпешэ» - апхуэдэу фIащынущ республикэм абы щигъэувыну и гъэлъэгъуапIэм.
3 марта, 2025 - 11:49
Хьэуа транспорт
Росавиацэм Хьэуа транспортымкIэ и къэрал агентствэм иджыблагъэ хуитыныгъэ яритащ кхъухьлъатэ хьэлъэ лIэужьыгъуэхэм ящыщу Airbus A321-р, Boeing 737-900-р и Boeing 757-200-р Налшык къыщетIысэх хъуну.
3 марта, 2025 - 11:44
Категорие нэхъыщхьэ зиIэ дохутыр-оториноларинголог, эндоскопист Бэрокъуэ Мадинэ дыщигъэгъуэзащ ЛОР-узыфэхэр зыхуэдэм, ахэр къызыхэкI щхьэсыгъуэхэм.
- ЛОР-узыфэхэм ящыщу нэхъыбэрэ цIыхухэр зыгъэсымаджэр сыт хуэдэхэра?
3 марта, 2025 - 11:42
Ди бзэр мэкIуэдыж жытIэурэ дытхьэусыхэ щхьэкIэ, ар зэзыгъэщIэну хуейхэм я бжыгъэри мащIэкъым.
3 марта, 2025 - 11:40
Гъатхэпэм и 3, блыщхьэ
♦ТхакIуэм и дунейпсо махуэщ
♦ЩIыуэпс къабзэм и дунейпсо махуэщ
♦Сабийхэм яхуэгъэза нэтынхэр зыгъэхьэзыр телевиденэмрэ радиомрэ я дунейпсо махуэщ
♦ТхьэкIумэм и узыншагъэм кIэлъыплъыным и дунейпсо махуэщ
♦1921 гъэм къалъхуащ КъШР-м щыщ къэрал, политикэ лэжьакIуэ, щIэныгъэлI Къардэн Зэмахъшэрий.
|