|
Календарь событий
04 марта 2025
4 марта, 2025 - 17:04
Мэкъумэш
Къэбэрдей-Балъкъэрым гъэшым елэжь и IуэхущIапIэхэм шэ зэфэу тонн мин 37-м нэблагъэ сату щIыпIэхэм хурагъэшащ илъэс блэкIам. Ар проценти III-кIэ нэхъыбэщ 2023 гъэм яхузэфIэкIам нэхърэ.
Къапщытэж пIалъэм къриубыдэу шащхьэр тонни I27-рэ е абы ипэ ита илъэсым щыIа бжыгъэхэм елъытауэ проценти 3,7-кIэ нэхъыбэу щытащ, къитащ Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм.
4 марта, 2025 - 16:01
«Си Iэминат» уэрэдыр япэу щызэхэсхам, уэрэдым теухуауэ сигу къинар и макъамэр зэрыдахэмрэ си анэм и цIэр къызэрыхэщымрэт. КIуэ, зэрылъагъуныгъэ уэрэдыр гурыIуэгъуэт, ауэ и гухэлъ къэIуэтэкIэр апхуэдизу щIэгунэсыр иджыри IупщIтэкъым.
4 марта, 2025 - 15:00
Зи ныбжьыр илъэс 85-рэ зэрыхъур мы гъэм зыгъэлъапIэ, ЦIыхум и хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ уполномоченнэу КъБР-м щыIэ Зумакулов Борис къулыкъу мащIэкъым республикэм щызэрихьар. УнафэщIхэр къыхуэарэзыуэ зэрылэжьар арагъэнт апхуэдэ дзыхь кърагъэзу щIэх-щIэхыурэ къулыкъущIэм щIыпэрагъэувэр. 1992 гъэм КъБР-м лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ министерствэр къызэIуахри, Зумакулов Борис унафэщIу ягъэуват.
4 марта, 2025 - 14:10
- Ан-на-а, мы сабийхэм сыту куэдыщэкIэ уакъыхуэупса, Тхьэм нэхъыбэжу къыуитыж, си хъыджэбз цIыкIу, - ди анэр ехъуэхъурт 1эсият.
- Ар Iэхукъым, - си деж зыкъигъазэри - унэкIуэнт Налшык, Къэбэрдейм и къалащхьэм?
- СфIэфIыпсу сынэкIуэнт, Тхьэ, дэ куэд щIауэ апхуэдэ хъуэпсапIэ диIэу допсэу, ауэ ар къыдэхъулIэну пIэрэ?
1эсият си Iэр иубыдри:
- КъохъулIауэ бжы, дэ нобэ дызэрыгъуэтыжауэ аращ, си япэ тыгъэу ар сэ уэзгъэлъагъуну укъызогъэгугъэ, - Элиф дежкIи еплъэкIри:
- Уэ цIыкIур Налшык ущезгъэджэну къыщIэкIынщ, - жиIэри игъэгуфIащ.
4 марта, 2025 - 12:30
Дэни хуэдэу, Налшык къали абы къедза жылэхэми ущрохьэлIэ зи тхыдэкIэ, къекIуэкIыкIакIэ хьэлэмэт куэд къозыгъащIэ ухуэныгъэхэм, фэеплъхэм. Апхуэдэхэм ящыщу къысщохъу Кэнжэ жылэм щыслъэгъуа унэр. Ар къатитIу зэтет уардэунэ бгынэжащ, Кэнжэ жыг хадэм и лъагапIэм къытетщ, къуажэм «къыхоплъэри». Бгыщхьэм щаухуа а унэ хужьышхуэр, цIыхухэр «пщы унэкIэ» зэджэр, хуиту щыболъагъу, Кэнжэ икIыу Щхьэлыкъуэ ухуэзышэ гъуэгум и сэмэгурабгъумкIэ. КъызэрыщIэкIымкIэ, а унэм хъыбар гъэщIэгъуэн иIэщ.
4 марта, 2025 - 12:26
КIэрэф Мухьэмэд итхауэ дунейм къытехьар и бжыгъэкIэ куэд мыхъуми, абы и творчествэмкIэ ди литературэм лъэужь бгъуфIэ къыхинащ. Ар зэи нэгъуэщIхэм яхэгъуэщэнукъым. Псом хуэмыдэу къыхэгъэщыпхъэщ абы и «ЛIыжь хъыбархэр» повестыр. Абы теухуа и еплъыкIэр къигъэлъэгъуауэ щытащ критик Шэвлокъуэ Пётр.
4 марта, 2025 - 11:18
Бзэм и купщIэр цIыхухэм къагурыIуэным, ар щIэблэм яIурылъыным, зи анэдэлъхубзэкIэ псалъэ икIи гупсысэ цIыхухэм я къэухьыр зэрынэхъ иныр къагъэлъэгъуэным теухуауэ куэд яхузэфIэкIащ бзэщIэныгъэлI нэхъыжьхэм. Абыхэм ящыщщ Джаурджий Хьэтыкъэ. Адыгэ бзэщIэныгъэлIхэм, ди тхакIуэхэм я лэжьыгъэхэр гугъэзагъэу зэпкърызых, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор БАКЪ Зерэ «Адыгэ псалъэ» газетым папщIэ игъэхьэзыращ щIэныгъэлIым лъэпкъым, бзэм теухуауэ илэжьахэм теухуа зы тхыгъэ.
4 марта, 2025 - 10:01
1941-1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм ди къэралым ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщихьрэ илъэс 80 зэрырикъум и щIыхькIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым махуитIкIэ щыхьэщIащ зауэ гъуэгум уризыгъэплъэж, тхыдэ напэкIуэцIхэр уи нэгу къыщIэзыгъэхьэ гъэлъэгъуэныгъэхэр зи вагонхэм ит «ТекIуэныгъэм и МафIэгур». Налшыкдэсхэр мафIэгум щыIущIащ гъущI гъуэгу вокзалым. МафIэгум уибэкъуа нэужь, блэкIа зэманым ущыIэ хуэдэщ, Хэку зауэшхуэм и напэкIуэцIхэр зыхэпщIэу. Гъэлъэгъуэныгъэр нэхъ нэIурыт хъун папщIэ къагъэсэбэпащ иджырей технологиехэм я Iэмалыр.
4 марта, 2025 - 07:30
Гъатхэпэм и 4, гъубж
1846 гъэм «Кавказ» газетым къытридзащ Къаз-Джэрий и «Зи щIыхьыр ин къэрал тетым и деж» письмор.
1918 гъэм Тэрч ЦIыхубэ Республикэр къэунэхуащ.
1940 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъМУ-м и профессор КIуэкIуэ Тэлэдин.
1942 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Щоджэн Вячеслав.
|