|
Календарь событий
06 марта 2025
6 марта, 2025 - 19:16
Хьэпэ-Джэдгъэф 1эминэ фIыуэ илъагъу IэщIагъэм щыхуеджащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым медицинэмкIэ и къудамэм.
6 марта, 2025 - 18:13
ГъэщIэгъуэнщ
Европейхэр зэи зэзэгъыу щытакъым. Щызэмызауэхэми, егъэлеяуэ зэпэщIэтт, къаугъэхэм хэкIыртэкъым, зытещIыхьари щIымрэ псымрэ зэрахуэмыгъэгуэшырт. Псом хуэмыдэу зэныкъуэкъур зэщIэплъащ Колумб Христофор Америкэр къызэIуиха иужь. ЗэрыпхъуакIуэ лъэщхэр - Британиер, Франджыр, Испаниер - континентыщIэм зэрыхьащ нэхъ щIыналъэшхуэхэр зыIэригъэхьэну дэтхэнэри хущIэкъуу. ЗэжьэхэмыуэнкIи Iэмал иIэтэкъым. Ауэ дэ нобэ зи гугъу тщIынур зэманым къэхъуахэм ящыщ зыщ - нобэр къыздэсым къызыхэкIар къахуэмыщIэу цIыху гуп лъэужьыншэу кIуэдауэ зэрыщытарщ.
6 марта, 2025 - 16:58
«Къалэ псэукIэр егъэфIэкIуэн» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Тэрч щIыналъэм и жыг хадэ цIыкIурэ цIыхухэр куэду щызэхуэс щIыпIэу тIурэ зыхуей хуагъэзэщ нэгъабэ.
6 марта, 2025 - 15:56
Мухьэмэд Бегъымбару щэлатымрэ сэламымрэ зэхам и псалъэхэм ящыщ:
«ДжэбрIэил си пащхьэм къиувэри, жиIащ: «Алыхьым и фIыгъуэм хрекIыж Рэмэдан мазэм хиубыдэу, зи гуэныхьхэр къызыхуэмыгъуар».
* * *
«Къемэт Махуэм НэщIымрэ КъурIэнымрэ Алыхьым и пщылIым къыщхьэщыжынущ. НэщIым жиIэнущ: «Уа ди Тхьэ, сэ ар махуэм ерыскъымрэ нэгузыужьымрэ щысхъумащи, кхъыIэ, гущIэгъу къыхуэщI». КъурIэным жиIэнущ: «Сэ ар жэщым згъэжеякъыми, кхъыIэ, гущIэгъу къыхуэщI».
* * *
6 марта, 2025 - 13:51
ЗэрытщIэщи, адыгэ-убых-абазэ лъэпкъ зэрыбыным епха щIыпIэцIэхэр нэхъ къыщызэтена щIыналъэщ КъухьэпIэ Кавказыр.
6 марта, 2025 - 12:47
Ди республикэм и къалащхьэ Налшык и тхыдэм и напэкIуэцIхэм къызэраIуэтэжымкIэ, абы япэ еджапIэхэр къыщызэIуахауэ щытащ епщыкIубгъанэ лIэщIыгъуэм и 50 гъэхэм я кIэуххэм. Абы лъабжьэ хуэхъуат «Бгырыс еджапIэхэм я устав» дэфтэрыр. Апхуэдэ гулъытэ щIэныгъэм ирата нэужь, еджэным гу хуэзыщIа щIалэгъуалэм я бжыгъэр нэхъыбэ хъуащ.
6 марта, 2025 - 11:44
АдыгэбзэмкIэ егъэджакIуэу илъэс куэдкIэ лэжьа Багъ Марьям итхыжащ и гъащIэм къыщыхъуа, зрихьэлIа Iуэхугъуэхэм теухуа хъыбархэр икIи тхылъ щхьэхуэу къыдигъэкIыжащ. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми Iущыгъэ гуэр къыхэщу, зы гукъэкIыж гуэрым ухуишэу апхуэдэщ.
6 марта, 2025 - 10:41
Гъатхэпэм и 6, махуэку
Дзэ дохутырым и дунейпсо махуэщ
Глаукомэ узыфэм ебэныным и дунейпсо махуэщ
1929 гъэм къалъхуащ абхъаз тхакIуэ, СССР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Искандер Фазиль.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уфауэ щыщытынущ. Махуэм хуабэр градуси 10 - 13, жэщым градуси 3 - 4 щыхъунущ.
|