Календарь событий

09 марта 2025

Зи чэзу къыдэкIыгъуэм фыкъыщеджэ

«Iуащхьэмахуэ» литературэ-художественнэ, жылагъуэ-политикэ журналым 2025 гъэм и япэ къыдэкIыгъуэр дунейм къытехьащ. Журналыр фIы дыдэ хъуауэ жиIэу къэпсэлъа, ди   гур хэзыгъэхъуа щIэныгъэлIым хуэтщI фIыщIэ псалъэкIэ къыщIэд­дзэмэ, ди гуапэщ. Уи лэжьыгъэр ­къа­лъытэн нэхърэ нэхъыфI сыт щыIэ?! 

Iэхъуэбэчхэ я щIалэхэр

«Адыгэ псалъэ» газетым и редакцэм зэгуэр къыщIыхьат Къулъкъужын Ипщэ (Абзуанхьэблэ) къуажэм щыщ, мы зэманым Бахъсэн къалэ дэс нэхъыжьыфI, лэжьыгъэм и вете-ран Iэ­хъуэбэч Хьэшим. Езым и лIакъуэм щыщ щIалэхэу Хэку зауэшхуэм хэтахэм ятеухуа и тхыгъэщ адэкIэ къыщытхьынур. 
 

Зауэм и бын - Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь

Алмэ Алий ТIалиб и къуэр, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужьыр, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Дзэлыкъуэ щIы­налъэм хыхьэ Каменномост (Къар­мэхьэблэ) ­къуажэм щыщ мэкъумэ­ш­ы­щIэ уна­гъуэм 1935 гъэм гъатхэпэм и 7-м къыщалъхуащ. 

Махуэ лъапIэхэм хухэхауэ

Аруан щIыналъэм хыхьэ Къэхъун къуажэм и курыт еджапIэ №2-м щекIуэкIащ фочкIэ нэщанэ еуэнымкIэ республикэ зэхьэзэхуэ. Ар теухуауэ щытащ ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 80 зэрырикъумрэ Хэкум и хъумакIуэм и илъэсу мы гъэр зэрагъэувамрэ, къызэрагъэпэщащ Аруан щIыналъэм и Жылагъуэ палатэм, Къэхъун ­къуа­жэм и администрацэм, Техник ныбжьыщIэхэм я станцым я Дзэ-хэкупсэ центрым.

ЩIэныгъэр я тегъэщIапIэу

Урысей Федерацэм Геодезиемрэ картогра­фиемкIэ и лэжьакIуэхэм я махуэр гъатхэпэм и етIуанэ тхьэмахуэ махуэм трагъахуэ хабзэщ. ­Мы гъэм ар зыхуэзэр гъатхэпэм и 9-рщ. 

Ставрополь щыщIадзэнущ

Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ лигэм и «Б» дивизионым и Япэ гупым мы гъэм щекIуэкIыну зэхьэзэ-хуэм хэтынухэмрэ щыщIидзэнумрэ зэхагъэкIащ. Абы ипкъ иткIэ «Спартак-Налшыкым» зэпеуэр Ставрополь къалэм щригъэжьэнущ, щIыпIэ «Динамо»-м гъатхэпэм и 22-м щыIущIэнурэ.