|
Календарь событий
10 марта 2025
10 марта, 2025 - 14:01
Хэкум и хъумакIуэм и илъэсыр 2025 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щегъэкIуэкIыным зыхуэгъэзырынымрэ абы пыщIа Iуэхухэр зэкIэлъыгъэкIуэнымкIэ къызэгъэпэщакIуэ комитет убзыхуным теухуауэ
10 марта, 2025 - 14:00
Хэку-анэр хъумэн жыIэгъуэр зауэм щыгъуэ къежьащ, апхуэдизкIэ а тIум я мыхьэнэр зэхуагъадэрти. Урыс-совет скульпторхэми Хэку зауэшхуэм цIыхубэм къыхуихьа гуауэр Хэку-анэрт къызэрагъэлъагъуэр. АрщхьэкIэ ди къэралым нэхъыфI дыдэхэм ящыщу къыщалъытэ «Бгырысыр мэщыгъуэ» («Скорбящий горец») фэеплъыр, Тырныаузрэ Гундэлэнрэ я зэхэкIыпIэм деж щагъэувар, зыщIауэ щытахэр а хабзэм къытекIат, цIыхухъу образ къагъэщIри. «Хэку» псалъэр балъкъэрыбзэкIэ зэрыIур «Атажуртт», адэжь щIыналъэ жиIэу. Абы къыхэкIыу бгырыс лIым и теплъэр къэунэхуат.
10 марта, 2025 - 13:38
Гъатхэпэм и 10, блыщхьэ
Урысей Федерацэм и Архивхэм я махуэщ
Адыгэ Республикэм и Конституцэм и махуэщ
1929 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и нартыхугъэкI, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Емышэ Хьэлий.
1939 гъэм къалъхуащ «Адыгэ шхыныгъуэхэр» тхылъыр къыдэзыгъэкIа, инженер-технолог Къубатий Борис.
1944 гъэм къалъхуащ сурэтыщI Къудей МэчрэIил.
10 марта, 2025 - 13:35
Дохутыр IэщIагъэр игъащIэми къалъытэ цIыхухэр Iэмалыншэу зыхуейхэм, зыхуэныкъуэхэм ящыщу. Щыгъын хужь зыщыгъ цIыхум махуэ къэс зэфIих лэжьыгъэр куэдым хуагъадэ лIыгъэм, сыту жыпIэмэ абы бгъэдэлъ щIэныгъэри, зэфIэкIхэри, къарури зыхуэгъэпсар зыщ: дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэ сымаджэм узыр щхьэщыхын, абы и гъащIэр хъумэн. Ар зэхэзыщIыкI дэтхэнэми дохутырым пщIэ лей хуещI, абы хуегъэфащэ фIыщIэрэ щытхъуу щыIэм я нэхъыфIри.
10 марта, 2025 - 12:33
Сэ Дыгулыбгъуей къуажэм и 4-нэ (нобэ 10-нэ жыхуаIэр) курыт еджапIэрщ къэзухар. Пэжщ, ныбжьыщIэм зыщыщIригъэхи, еджэныгъэм щемылIалIи, джэгунымрэ сабиигъуэмрэ щыдахьэхыIуи щыIэщ. Апхуэдэхэм деж зы тхьэкIумэм ихьэр адреймкIэ къокIыж жыхуаIэм хуэдэу, зыри уигу пхуиубыдэркъым, лей къуахыу еджапIэм ущIаубыдауэ къыпщохъу, уи гур нэгъуэщI зыгуэрхэмкIэ мэпабгъэ. Ауэ хэтащ си гъащIэм зы егъэджакIуэ, армэм щыIэ сэлэтым и махуэ псор зэрыубзыхуам хуэдэу, дерс дакъикъэ 40-р нэгъуэщI дунейм дыкъыщыхутам хуэдэу дигъэхьрэ, сабиигъуэр дэнэкIэ щыхэтми дымыщIэжу дигъасэу.
10 марта, 2025 - 12:26
Гупсысэ къэгъэщIыгъэхэм щIэгъэхуэбжьауэ зэрызаужьым и щыхьэт наIуэщ иужьрей илъэсхэм технологиемрэ бжыгъэрылъанэ Iэмалхэмрэ шэщIауэ щIэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм къызэрыщыхалъхьэр, абыхэм я фIыгъэкIэ къэхутэныгъэщIэхэр ирагъэкIуэкI зэрыхъур. Гу лъыботэ апхуэдэ Iэмалхэр халъхьэкIэрэ щIэныгъэхэм я зэпылъыпIэхэм щIэщыгъуэхэр къызэрыщIагъэщым, иджыри къыздэсым щхьэхуэ-щхьэхуэу къахута хъуахэм ящIыIужкIэ зыщымыгъуэза куэд къызэрызэIуахым.
10 марта, 2025 - 11:18
«Къалэдэсхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэн» лъэпкъ пэхуэщIэм и фIыгъэкIэ Лэскэн щIыналъэм исхэм я зыгъэпсэхупIэ жыг хадэ цIыкIуитI къагъэщIэрэщIэжащ: Аргудан къуажэм и «Джэрмэншык» Iуащхьэм дежрэ Анзорей жылэм Щынахъуэм и цIэр зезыхьэм хуэзэу щытымрэ.
|