Календарь событий

12 марта 2025

ЛIыгъэкIэ псыхьа сатырхэр

КъытщIэхъуэ щIэблэр псэкупсэу къэгъэтэджынымкIэ мыхьэнэ иIэщ тхыдэм. Абы дерс къыхэзыхыф лъэпкъыр щыIэныгъэм зэрыхэмыкIуэдэжынум и щыхьэтыгъэ Iэджи гъащIэм къигъэлъэгъуащ. БлэкIам къыщыхъуар акъылкIэ зэзыгъэзахуэм и къэкIуэныр фIым зэрыхуэузэщIам и щапхъэщ цIыхубэр а дыгъуасэрей махуэхэм зэрыхущыт щIыкIэри. Хэку зауэшхуэр цIыхуцIэ зиIэр зэзыгъэувалIэ, лъэпкъыбэр гъунэгъу зэхуэзыщI апхуэдэ къэхъугъэ закъуэтIакъуэхэм ящыщщ. Ар зи унагъуэ имыхьа щIагъуэ зэрыщымыIэр къыхэплъытэжмэ, гурыIуэгъуэщ а зауэм ехьэлIа сыт хуэдэ Iуэхугъуэми пщIэ щIигъуэтыр, пэджэж щIиIэр. Апхуэдэ зы гукъэкI хьэлэмэт дыдэщ хъыбарегъащIэ IэнатIэм пыщIа Iуэхутхьэбзэхэр щызэфIах ИВИС акционер зэгухьэныгъэм къыхилъхьар.

Зыхуагъэувыжа пIалъэхэм намыгъэсу

Дызэрыт илъэсым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэхэм псори зэхэту километр 84-рэ зи кIыхьагъ автомобиль гъуэгухэр щыIэ мардэм кърагъэтIэсыжынущ. Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкIынущ «ГъащIэм папщIэ инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ икIи абыхэм трагъэкIуэдэну мылъкур щIыналъэм и гъуэгу фондым къыхэкIынущ.

ТIуащIэ лъащIэр сэмэгурыкIуэт

Адыгэ лъагъуэжьхэм ирикIуэн зи щIасэ гуп цIыкIум хэтхэр, щIыуэпсыр фIыуэ зэрытлъагъум къыдэкIуэу, дыкъызыхэкIа лъэпкъым и тхыдэми, и бзэми пщIэ хуэщIын зэрыхуейр зыхэзыщIэщ. 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и деж щыIэ ЩIалэгъуалэ палатэм щIэуэ (ебгъуанэу) хахахэр къэщтэным и IуэхукIэ

IэщIагъэм сыхуэзышар си анэшхуэрщ

Ди республикэм щыщ щIалэгъуалэ куэд ди къэралым и къалэшхуэхэм ехъулIэныгъэхэр яIэу щолажьэ. Абыхэм ящыщ зыщ Лэскэн районым хыхьэ Урыху къуажэм щыщ Жамбей Азэмэт. 2012 гъэм абы КъБКъУ-м и медицинэ къудамэр къиухащ, интернатурэри абы щрихьэкIащ. АдэкIэ и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ УФ-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм КардиологиемкIэ и щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и ординатурэмрэ аспирантурэмрэ. И лэжьыгъэр абы медбрату къыщыщIидзауэ щытащ Налшык къалэ и «ДэIэпыкъуэгъу псынщIэм».

Зи зэманыр имыкI Iуэху

ЛIыхъужьхэм я фэеплъыр хъумэным, дзэ Iуэху хэхам хэтхэм яхуэфащэ пщIэ яхуэщIыным щолIалIэ ди къэралым. Нэхъ мащIэкъым цIыхубэр сыт щыгъуи зэкъуэту, Хэкум хуэпэжу къызэрыгъуэгурыкIуам нобэрей щIэблэр щIэпIыкIыным, ахэр хэкупсэу, я тхыдэр ящIэу къэгъэхъуным хуэгъэза лэжьыгъэри.

ГъэщIэгъуэнщ

  • Сабийхэр зы махуэм къриубыдэу ику иту 400 хуэдизрэ мэдыхьэшх, балигъхэр 15 къудейщ.
  • ЦIыхубзхэм машинэ гъэувыпIэхэм нэхъ тыншу я машинэр щагъэув, цIыхухъухэм нэхърэ.
  • Илъэситху къэс цIыхубзым Iупэлэу къигъэсэбэпыр, псори зэхэплъхьэжмэ, езым и лъагагъым хуэдиз хъун тюбикым ихуэнущ.
  • ЦIыху нэхъ лъахъшэ дыдэхэр щыпсэур Япониерщ.
  • ЦIыху нэхъ лъагэ дыдэхэр щыпсэур Голландиерщ.
  • Инджылызхэм шейуэ ирафым хуэдиз нэгъуэщI зыщIыпIи щагъэкIуэщIыркъым. Псалъэм папщIэ, американхэм шейуэ ирафым нэхърэ хуэдэ 20-кIэ нэхъыбэщ.

НОБЭ

Гъатхэпэм и 12, бэрэжьей

♦ИнтернеткIэ цIыхухэм якIэлъыплъыныр мыдэным и дунейпсо махуэщ

♦Урысейм ЮстицэмкIэ и министерствэм и Уголовнэ-гъэзэщIакIуэ IэнатIэм и лэжьакIуэм и махуэщ

♦1912 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, УФ-ми КъБР-ми щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, Хэку зауэшхуэм хахуэу хэта, 1965 - 1973 гъэхэм КъБКъУ-м и ректору щыта КIэрэф Къамболэт.