Календарь событий

13 марта 2025

Спорт хъыбархэр

Хабзэхъумэхэр зэпоуэ

Налшык къалэм и «Гладиатор» спорт комплексым щекIуэкIащ «Динамо» спорт зэгухьэныгъэм хыхьэхэм дзюдомкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 15-м я бэнакIуэ, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэгъусэу, 200-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэс 23-м щIимыгъуахэу икIи ахэр щIэбэнащ медаль комплекту 14-м.

Зы лъабжьэ, зы бзэ

Адыгэ-абазэ лъэпкъхэр къызытехъукIа хьэт лъэпкъым и фэеплъ куэд къатIэщIыж иужьрей зэманым. Абыхэм ящыщщ фэилъхьэгъуэхэр, гъущIынэтхыр, пасэрей кхъэлъахэхэм къыщIахыж хьэдэ къупщхьэхэм я ДНК-р. Псом нэхърэ нэхъ щыхьэтышхуэу къэувыр бзэрщ – лъэпкъым и тхыдэмрэ щэнымрэ зыхъумэ, зыкIи пхуимыудын пэжыр къэзыIуатэрщ. 

ТыншыпIэ зэрагъэпэщ

«Къалэ псэукIэр егъэфIэкIуэн» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Дзэлыкъуэ щIыналъэм и къуажэхэм цIыхухэр куэду щызэхуэс я щIыпIэ зыбжанэ зэIузэпэщ ящIащ нэгъабэ. Псалъэм къыдэкIуэу, зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIащ Дзэлыкъуэдэс, Шордакъ, Хьэбэз жылэхэм я жыг хадэ цIыкIухэм. Мыбыхэм псоми я лъэс лъагъуэхэм плиткэхэр щралъхьащ, уэздыгъэхэр щыпагъэнащ, тетIысхьэпIэхэмрэ кIэрыхубжьэрыху идзапIэхэмрэ щагъэуващ.

Къару зыщIэлъ усэхэр

 

Бемырзэ Зураб и усыгъэм гъадэщIыдэ и куууагъщ. Ар къопсэлъыкI тхыдэм, къуоувэ лъэпкъым, епсыхь щIыуэпсым, егъафIэ лъахэр, мэпсэу гухэлъкIэ. Гум къыIэпыкIхэр яхуэфэщэн псалъэхэмкIэ ехуапэри, цIыхугум нехьэс. Сыт щызыхэпщIэр усэхэм?! Уагъэуардэ, уагъэнэщхъей, уагъэгузавэ, уагъэгуфIэ, уагъэпIейтей, уагъэгугъэ.

ЦIыхубзищым я зэфIэкI

Крупская Надеждэ, Арманд Инессэ, Марко Вовчок… Сытыт мы бзылъхугъэхэр цIэрыIуэ зыщIар?!  Куууэ дыхэмыIэбэу, зыщыдогъэгъуазэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и деж щыIэ ЩIалэгъуалэ палатэм и еянэ хэхыгъуэм и лэжьыгъэр и пIалъэр къэмысу гъэувыIэным и IуэхукIэ

 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и

                              Унафэ

Мэзыпс пэтми, жыжьэ къыщожьэ

     Адыгэхэм ди Хэкужьым ехьэлIа щIыпIэцIэхэр, ди гуапэ зэрыхъуу апхуэдизу куэдыщэщи, газет IэмалкIэ зы тхыгъэкIи тхыгъитIкIи къыпхузэщIэмыубыдэным хуэдизщ.

Зи гугъу тщIы фIэщыгъэхэр зэхуэхьэсыжыным илъэс куэдкIэ, игуи и щхьи етауэ, пэрыта, ноби а Iуэхум пызыщэ лъахэхутэ емызэшщ ди къэралым и дзэ зэщIэузэдахэм хэта, отставкэм и полковник Тохъу Мухьэмэд.  

НОБЭ

Гъатхэпэм и 13, махуэку

         Вагъуэхэм щакIэлъыплъ щIэныгъэ IуэхущIапIэхэм я дунейпсо махуэщ

         Урысейм щагъэлъапIэ Геодезиемрэ картографиемрэ я лэжьакIуэхэм я махуэр

         1939 гъэм къалъхуащ УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБАССР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист Шумахуэ Владимир.