Календарь событий

15 марта 2025

КърихьэлIат нэхъыжьи нэхъыщIи

Дунейпсо Адыгэ Хасэм къыхилъхьауэ, Адыгэ тхыбзэм и махуэм Къэ­бэрдей-Балъкъэрым зэгъусэу Iуэрытх щатх нэхъыжьи нэхъыщIи, цIыху къызэрыгуэкIи къулыкъущIи. ЦIыху­хэр щызэхуос къалэ, къуажэ курыт еджыпIэхэм, библиотекэхэм. 

Гум и лъащIэм щахъумэ фIыгъуэ

Лъэпкъым и анэдэлъхубзэр дамыгъэ ­хэхахэмкIэ къэгъэлъэгъуауэ, ар къыдекIуэкIыу, зиужьу, къыщIэхъуэ щIэб­-лэм Iурылъу къэтэджыныр - ар уасэ зимыIэ фIыгъуэшхуэщ. А лъапIэныгъэр зей лъэп­къым щыщ дэтхэнэми гу лъащIэм ще­хъумэ, хуэсакъыу, игъафIэу, ихъумэу, зригъэу­жьу. Аращ адыгэхэри. Дэ тхыбзэ диIэу къы­зэралъытэрэ илъэси 172-рэ дыгъуасэ ирикъуащ. 

Муниципалитетхэм яхузэфIэкIынур мащIэкъым

КъБР-м и Правительствэм и Унэм дыгъуасэ ще­кIуэкIащ «Къэ­бэрдей-Балъкъэрым и муниципальнэ щIыналъэхэм я совет» ­зэгухьэныгъэм (АСМО) и зэIущIэ. 

Ягъэтэмэмынущ зэращэ щIыкIэр

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ иджыблагъэ иригъэкIуэкIа зи чэзу зэIущIэм Iуэхугъуэ 20-м щIигъум щыхэплъащ. Абы­хэм ящыщщ «КъБР-м административнэ  хабзэ­хэр къыщызэпемыгъэудынымкIэ и кодексым и Iыхьэ 8.5-м и 5-нэ частым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» республикэ законыр.