|
Календарь событий
16 марта 2025
16 марта, 2025 - 15:49
Ди лъэпкъэгъуу дунейм тет псоми зэдэдгъэлъапIэ Адыгэ тхыбзэм и махуэр зытещIыхьар ди анэдэлъхубзэр хъумэнырщ, абы зегъэужьынырщ, щIэблэхэм гъащIэ гъуэмылэу къахуэгъэнэнырщ.
16 марта, 2025 - 14:48
Бзэр лъэпкъым и псэщ, бзэр лъэпкъым и дамэщ, жаIэ.
16 марта, 2025 - 11:45
Лъэпкъ мащIэ псоми я зэхуэдэ гуныкъуэгъуэщ нобэкIэ анэдэлъхубзэр хъумэн хуейуэ дызэрыува щытыкIэр. Глобализацэм дэкIуэд бзэмрэ щэнхабзэмрэ зыIэщIэдмыгъэкIыпэн папщIэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэми къэрал унафэщIхэми лэжьыгъэшхуэ ирагъэкIуэкI. Абыхэм ящыщщ анэдэлъхубзэр хъумэнымрэ зегъэужьынымрэ теухуауэ къэрал куэдым я лыкIуэ хэту иджыблагъэ Мейкъуапэ къалэм щрагъэкIуэкIа зэIущIэр.
16 марта, 2025 - 11:18
Зи щхьэ пщIэ хуэзыщIыж дэтхэнэри, ар цIыху щхьэхуэу, лъэпкъыу е къэралу щрет, йогугъу икIи гулъытэшхуэ хуещI къыщIэхъуэ щIэблэм гъэсэныгъэ тэмэм етыным, цIыкIухэм я псэр къабзагъэм, щIэныгъэм хуэгъэушыным, а анэдэлъхубзэр яIурылъу, зыщыщ лъэпкъым и хабзэхэмрэ щэнхабзэмрэ щыгъуазэу, ахэр зыхуэбгъадэ хъун щымыIэ фIыгъуэу зэрыщытыр хьэкъыу япхыкIауэ къэгъэтэджыным.
16 марта, 2025 - 10:01
Къэхъун къуажэм дэт курыт еджапIэ №2-м иджыблагъэ зэIущIэ щхьэпэ щекIуэкIащ. 7-11-нэ классхэм щIэс еджакIуэхэр хуагъэзащ тхакIуэ, журналист, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием хэт, корреспондент Фырэ-Къаныкъуэ Анфисэ, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ магистр, адыгэм и пасэрей щэнхабзэмрэ гъуазджэхэмкIэ щIэныгъэлI Гувэжокъуэ ДжэбрэIил, адыгэ уэрэдыжьхэр зэхуэзыхьэсыж, зыгъэзащIэ Тэхъу Мухьэмэд, УФ-м и альпинист, Iуащхьэмахуэ 139-рэ дэкIа Шыбзыхъуэ Казбек сымэ.
|