|
Календарь событий
17 марта 2025
17 марта, 2025 - 17:00
Мы гъэм къэралым и дэнэ щIыпIи къыщызэрагъэпэщ ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 80 зэрырикъум хуэгъэпса зэпеуэ, зэIущIэ зэмылIэужьыгъуэхэр. Абыхэм ящыщ зыуэ щытащ «Динамо» спорт зэгухьэныгъэм боксымкIэ и урысейпсо зэхьэзэхуэу Налшык къалэм щекIуэкIар. Абы хэтащ Урысейм и щIыналъэхэм ящыщу 18-м я спортсмени 170-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэс 15 - 16 хъухэу.
17 марта, 2025 - 16:00
Ди лъэпкъ тхыдэм апхуэдизкIэ дурэшплIэрэш куэд иIэщи, уекIуалIэрэ удэплъэ къудеймэ, зэхыумыха е, зэхэпхами, нэсу зыхыумыщIыкI къэхъугъэ куэдым я щэху ехъумэри къуэлъщ. Зы цIыху и гуащIэкIэ пхузэщIэмыгъэуIуэну а хъугъуэфIыгъуэхэм цIыхум я гупэр хуагъазэрэ зыщагъэгъуэзатэмэ, тобэ ирехъуи, тхыдэ жьапщэм и архъуанэм иримыхьэу къызэтенэнт, щыIэныгъэми хэкIуэдыкIыжынтэкъым.
17 марта, 2025 - 15:40
«Лъэпкъхэм я Кубок» фIэщыгъэр зэрихьэу каратэ-кекусинкан лIэужьыгъумкIэ дунейпсо зэхьэзэхуэ Мэзкуу къалэм щекIуэкIащ. Илъэс етIуанэ хъуауэ ар къызэрегъэпэщ Подольск къалэм и «Подольск-Додзё» спорт клубым, промышленникхэмрэ хьэрычэтыщIэхэмрэ я «Иволга» зэгухьэныгъэр къадэIэпыкъуу.
17 марта, 2025 - 15:00
Владимир областым хыхьэ Суздаль къалэм щекIуэкIащ УФ-м алыдж урым-бэнэкIэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 57-м я спортсмен 1500-м щIигъу, я ныбжькIэ илъэс 18-м щIимыгъуауэ.
17 марта, 2025 - 14:36
«Хьэрычэт мащIэмрэ курытымрэ щылажьэхэм я жэрдэмхэр ядэIыгъын» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ иужьрей илъэсихым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и хьэрычэтыщIэхэмрэ я щхьэ хуэлэжьэжыну зезыгъэтхахэмрэ ахъшэ щIыхуэу сом мелуан 631,2-рэ къыIахащ щIыналъэм щылажьэ «КъБР-м и хьэрычэт мащIэмрэ курытымрэ ахъшэ щIыхуэ етынымкIэ фонд» жыхуиIэм.
17 марта, 2025 - 13:33
Къэралым гъэшым елэжь и IуэхущIапIэхэм я 2-нэ Сыбыр зэхуэсу Горный Алтай республикэм и «Манжерок» курортым иджыблагъэ щекIуэкIам УФ-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Лут Оксанэ щытепсэлъыхьащ 2024 гъэм яхузэфIэкIахэмрэ IэнатIэм къыпэщылъ къалэнхэмрэ.
17 марта, 2025 - 13:00
2024 - 2025 гъэ еджэгъуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и курыт еджапIэхэм я пэщIэдзэ классхэм щIэс еджакIуэ 48576-р ерыскъы пщтырхэмкIэ пщIэншэу къызэрагъэпэщ. Абы нэмыщI, сабий 39-м щхьэхуэу яхуопщафIэ, я узыншагъэхэр ерыскъым зэрыхуэкIуэм тещIыхьауэ, къитащ КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм.
17 марта, 2025 - 12:30
Хьэрычэт мащIэм и Iуэхухэр
Къэбэрдей-Балъкъэрым хьэрычэт мащIэмрэ курытымрэ я IэнатIэхэм банкхэм я деж къалэн зыщыщащIыжахэр зэрагъэзэщIэнумкIэ МСП Корпорацэр шэсыпIэ ихьэу сом мелард 1,5-м щIигъу я лэжьыгъэм къыхрагъэлъхьащ абыхэм нэгъабэ. Ар хуэди 2,5-кIэ нэхъыбэщ абы ипэ ита илъэсым яхузэфIэкIам нэхърэ.
17 марта, 2025 - 12:27
«Искож» хьэблэм щаухуа, Щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ центрым щекIуэкIащ «Дыдейхэр губгъуэм къиднэркъым» зыфIаща концертыр. Ар къызэригъэпэщащ дзэ Iуэху хэхам (СВО) и ветеранхэм я зэгухьэныгъэм.
17 марта, 2025 - 12:23
Сабий творчествэмкIэ «Эрудит» центрым щрагъэжьащ сурэтыщI, декоративно-прикладной гъуазджэхэмкIэ «Палитра ремёсел – 2025» урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр. Ар теухуащ Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщытхьрэ илъэс 80, Налшык «ЗауэлI щIыхьым и къалэ» щIыхьыцIэр къызэрыхуагъэфащэрэ илъэс 15 зэрырикъум.
17 марта, 2025 - 12:10
Ди литературэм и фIыпIэм щыщ хъуа усыгъэ телъыджэхэр зи Iэдакъэ къыщIэкIа, тхылъеджэхэм фIыуэ ялъэгъуа усакIуэщ Бицу Анатолэ. Абы и творчествэм тетхыхьахэм ящыщ зыщ журналист Тэтрокъуэ Астемыр.
«Курыт еджапIэм сыщIэсу и япэ тхылъ «ГуфIапщIэмкIэ» си гъащIэм къыхыхьащ Бицу Анатолэ. ИлъэситI нэхъ дэмыкIыу, 1971 гъэм, дунейм къытехьащ усакIуэм «Зы дакъикъэ» зыфIища и етIуанэ тхылъри. А тхылъитIым ярыт усэхэр апхуэдизкIэ щIэщыгъуэт, псэкIи си гъунэгъути, псори гукIэ зэзгъэщIауэ щытащ.
17 марта, 2025 - 12:06
«Балигъ мыхъуахэм якIэлъыплъынымрэ ядэIэпыкъунымрэ хуэгъэзауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал полномочие щхьэхуэхэр муниципальнэ районхэмрэ къалэ округхэмрэ етыным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законымрэ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм балигъ мыхъуахэм якIэлъыплъынымрэ ядэIэпыкъунымрэ хуэгъэза лэжьыгъэр къызэрыщызэрагъэпэщымрэ зэрыщагъэзащIэмрэ я IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 5-нэ статьямрэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным я IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым теухуауэ
17 марта, 2025 - 11:59
Гъатхэпэм и 17, блыщхьэ
♦Адыгэ Республикэм и парламентаризмэм и махуэщ
♦1918 гъэм къызэIуахащ Тэрч щIыналъэм ис лъэпкъхэм я II съездыр.
♦1938 гъэм къалъхуащ Адыгэ Республикэм и цIыхубэ сурэтыщI Дыгъужь Мыхьмуд.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 25 - 27-рэ, жэщым градус 12 - 13 щыхъунущ.
|