|
Календарь событий
18 марта 2025
18 марта, 2025 - 17:23
Адыгэ композитор, УФ-м щIыхь зиIэ и артист Къашыргъэ Билал къызэралъхурэ илъэс 95-рэ ирокъу.
Билал и анэ адыгэ пшынауэ цIэрыIуэ КIурацэ и щIалэр макъамэм щIипIыкIащ. ЗэрыжаIэщи, пшынэм къыдэушу, абы щIэжеикIыжу щIалэ цIыкIур къэхъуащ.
Макъамэм дихьэха Билал щIотIысхьэ Римский-Корсаков и цIэр зезыхьэу Ленинград дэт консерваторэм. А зэманым абы щыIэт Къэбэрдей оперэ студием щеджэхэр. 50 гъэхэм ехъулIэныгъэкIэ ар къиуха нэужь, Къашыргъэ Хьэнащхъуэ и къуэ Билал макъамэ гъуазджэм пыщIа IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щылэжьащ.
18 марта, 2025 - 16:28
Тхэквондо
ТхэквондомкIэ (Олимп джэгухэм хыхьэ лIэужьыгъуэмкIэ, ВТФ) Урысей зэгухьэныгъэм и президентым и Кубокыр къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ КъШР-м и къалащхьэ Черкесск щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 28-м я спортсмен, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту, 223-рэ, я ныбжькIэ илъэс 15 - 17-хэм къриубыдэу.
18 марта, 2025 - 15:21
Езыр акъылыфIэрэ и гур жыжьэ плъэуэ, адыгэ лъэпкъым и гъащIэр щефIэкIуэну лъэхъэнэм хуэпабгъэу псэуа, ди тхыдэм щыцIэрыIуэ лIы Iущ Къэзанокъуэ Жэбагъы «ФифI фымыгъэпуд, фи Iей фымыгъэпщкIу» - жиIэгъат. Мыбы хэлъ гупсысэ-ущиер зы цIыхуми, лъэпкъми, къэралыгъуэми епхьэлIэ мэхъу.
18 марта, 2025 - 14:19
Мы тхыгъэмкIэ фэдгъэцIыхуну гупым и «лъабжьэр» 2005 гъэм къыщожьэ, ауэ абы псори тепсэлъыхьу къэралым цIэрыIуэ щыхъуар 2022 гъэм «Поём на кухне всей страной» телепроектым (Япэ каналымкIэ екIуэкIым) хэта иужькIэщ. Телевизореплъ мелуанхэм я гур зыхьэхуар Адыгей Республикэм и «Ашэмэз» цIыхубэ IуэрыIуатэ ансамблырщ. Абы хэтхэр псори цIыхухъущ, лъэпкъ уэрэдыжьхэр ягъэзащIэ, шыкIэпшынэрэ адыгэ пшынэрэ ягъэбзэрабзэ.
18 марта, 2025 - 12:26
Дэтхэнэ зы лъэпкъми и хабзэ иIэжщ, езым зэхилъхьэжауэ, абы и цIыху псоми зэдагъэзэщIэн хуейуэ. Хабзэр лъэпкъым и напэщ, и набдзэщ, и бзыпхъэщ, и нэмысщ. Лъэпкъыр фIыми Iейми къызэращIэр и хабзэрщ. Лъэпкъым хабзэфI иIэмэ, узыншэщ.
Адыгэ хабзэр адыгэ нэмысым, адыгэ лIыгъэм, адыгагъэм къыгуэхыпIэ имыIэу епхауэ къэгъуэгурыкIуащ. Кавказым ис лъэпкъхэм я мызакъуэу, хамэ хэку жыжьэ къикIауэ адыгэхэм я деж щыхьэщIа гъуэгурыкIуэхэми адыгэм я хабзэр гурыхь ящыхъуауэ, ягъэщIагъуэу куэд ятхыжащ.
18 марта, 2025 - 09:58
Зыщыщ лъэпкъым емылъытауэ, зи цIыкIущхьэм адэшхуэ-анэшхуэхэм я таурыхъхэмрэ псысэхэмрэ зэхэзымыха куэд щыIэкъым, е, нэхъ пэжу жыпIэмэ, щыIэн хуейкъым.
18 марта, 2025 - 07:25
Гъатхэпэм и 18, гъубж
1913 гъэм Налшык къыщызэIуахащ округым и лъэпкъхэм я I съездыр.
1930 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъШКъУ-м и профессору щыта, КъБР-м, КъШР-м, АР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, ЩIДАА-м и академик, «Хэкум и пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденым и 4-нэ, 3-нэ нагъыщэхэр зыхуагъэфэща Хъупсырокъуэ Хъызыр.
1932 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ ШэджыхьэщIэ Хьэмыщэ.
|