|
Календарь событий
21 марта 2025
21 марта, 2025 - 18:39
Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм гъатхэпэм и 20 - 21-хэм «ЩIым и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр щрагъэкIуэкI. Дыгъэм и нэхури жэщым и кIыфIри зэхуэдэ щыхъу а зэблэкIыгъуэм, цIыху набдзэгубдзаплъэхэм гу зэрылъатауэ, щIыуэпсым и щытыкIэм зэхэпщIыкIыу зехъуэж. Астрономие щIэныгъэм зэрыжиIэуи, ипэжыпIэкIи абдежращ ди планетэм ищхъэрэкIэ щыIэ и щIылъэныкъуэм гъатхэр къыщихьэу къэтлъытэ хъунури.
21 марта, 2025 - 17:35
Санкт-Петербург щыщ археологхэм КъухьэпIэ Кавказым хы ФIыцIэмкIэ гъэза и псыхъуэ цIыкIухэм ящыщ зым зэрымыщIэкIэ зыщрихьэлIа испы унэжьу зэтракъутэну зыхунэмысам и лъабжьэм къыщIагъуэтащ домбеякъ лIэщIыгъуэхэм псэуа цIыхухэм я хьэдэкъупщхьэхэмрэ тхыпхъэщIыпхъэ гъэщIэгъуэнхэр зытет мывэ джафэ хъуреймрэ. АбыкIэ хъыбар зэбграгъэхащ ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием Нэрылъагъу (Материальнэ) щэнхабзэм и тхыдэмкIэ институтым щылажьэхэм.
21 марта, 2025 - 14:13
Фэтихь къыгурыIуауэ къыщIэкIынт сэ гу зылъыстахэри, шей дефэу дыздэщысым къызэупщIащ:
- АтIэ, уэ дауэт зэрыпщIынур, - жиIэри.
- Дэтхэнэ зы лэжьакIуэми къалэн щыщIын хуейщ тыкуэным щIэмылъыж е яух хьэпшыпхэр ятхыу уи деж къытралъхьэну, ар ямыгъэзэщIауи унэм кIуэж мыхъуну. ИтIанэ фабрикэхэм, заводхэм я лэжьакIуэхэр жьыуэ къокIуэри мыбдежым щызэхэтхэщ. Хъуну щытмэ, сэ нэхъ жьыIуэу сыкъакIуэурэ ахэр зыхуей псори згъэхьэзырынщ. Е зыхуеинухэр иту тхылъымпIэ къытхуагъанэмэ, пщыхьэщхьэм псори зэгъусэу дежэмэ, ахэр тхуэгъэхьэзырынущ.
21 марта, 2025 - 13:10
Къэбэрдей-Балъкъэрым ЩэнхабзэмкIэ и фондым, Вэрокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэм, щекIуэкIащ ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым и егъэджакIуэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, музыкант, усакIуэ, уэрэджыIакIуэ, гъуазджэмкIэ кафедрэм и доцент КъуийцIыкIу Валерэ и концерт. Ар къызэрагъэпэщащ и ныбжьыр илъэс 75-рэ зэрырикъумрэ егъэджакIуэ лэжьыгъэм илъэс 30 хъуауэ зэрыпэрытымрэ я щIыхькIэ.
21 марта, 2025 - 12:30
2024 гъэм и дыгъэгъазэ мазэм утыку къихьащ Mozilla-Common Voice Circassian зыфIаща социальнэ напэкIуэцIыр. Абы теухуауэ «Жьынэпс» газетым и редактор нэхъыщхьэ Хьэжбэвыкъуэ Эрдогъан къигъэпсэлъащ и лэжьыгъэр зыхэзыубла, Истамбыл Окан Университетым и тэрмэш щIэныгъэ къудамэм и тхьэмадэ, университетым и егъэджакIуэ, бзэщIэныгъэхэмкIэ доктор ПIапшу Мурат.
- Япэрауэ, Iуэхум щымыгъуазэхэм къыдгурыбгъэIуэфын, «Мозилла»-мрэ «Коммон Войс»-мрэ зищIысыр?
21 марта, 2025 - 12:00
Художественнэ гъэпсыкIэ Iэмал куэд къыщыгъэсэбэпащ ди лъэпкъ псысэхэм. Ахэр бзэ шэрыуэкIэ зэхалъхьащ. Таурыхъхэр нэхъ къулей зыщIу, зыгъэдахэу куэду къыщыгъэсэбэпащ псалъэжьхэр.
Урыс тхакIуэшхуэхэу Гоголь Николай, Горький Максим сымэ жаIэгъащ псалъэжьхэм акъылышхуэ зэращIэлъыр, ахэр шэрыуэу, жану зэрыщытыр. «Псалъэжьхэмрэ уэрэдхэмрэ сыт щыгъуи кIэщI хабзэщ, ящIэлъ акъыл, зэхэщIыкIыр тхылъ Iэджэ хъунущ», - жиIащ Горькэм.
Ди таурыхъхэм къыщагъэсэбэп псалъэжьхэм, псэлъафэхэм ящыщщ, псалъэм папщIэ, мыпхуэдэхэр:
Бзаджэ пщIауэ, фIым ущымыгугъ.
21 марта, 2025 - 11:49
Гъатхэпэм и 21, мэрем
♦Лъэпкъ зэхэгъэж зэращIым ебэныным и дунейпсо махуэщ
♦Усыгъэм и дунейпсо махуэщ
♦Гуащэ зыщIым и дунейпсо махуэщ
♦Даун узыфэр зыпкърытхэм я дунейпсо махуэщ
♦Мэзхэм я дунейпсо махуэщ
♦Гуащэ театрым и дунейпсо махуэщ
♦Гъэрэ щIырэ щызэхэкI махуэщ
♦1918 гъэм Къэбэрдеймрэ Балъкъэрымрэ совет властыр щагъэуващ.
|