ПщыукI Латмир и усэхэр гъащIэм щыщ дакъикъэ нэхъ телъыджэ дыдэхэм къыхипхъуэтам хуэдэщ. Усэ къэс гурыщIэ е зыхэщIэ гуэрым и лъагапIэщ. УсакIуэм «и псэ лъагъуэм» кърикIуа сатырхэрщ тхылъымпIэм ихьыр. Усэхэм дыкъоджэри зыхыдощIэ гуапагъэ, псэ хуабагъэ. Сабиигъуи, щIалэгъуи, жьыхъугъуи зыхуэгъафIэ усэхэм гъащIэр, цIыхухэм я зэхущытыкIэр, дунейм и къэхъукъащIэхэр къыбгурыIуэнымкIэ гъуазэ щыхъу щыIэщ. Латмир и усыгъэр гукъэкIыж лъахэщ, гухэлъ дунейщ, гупсысэ щIэншэщ. ГъащIэм и купщIэм гу лъыуа-гъатэ сатыр щабэхэм, уи гур ягъэпсэху, гугъэ къуат, балигъ уащI.