|
Календарь событий
24 марта 2025
24 марта, 2025 - 17:01
30 гъэхэм адыгэ литературэм зезыгъэужьахэм ящыщ тхакIуэ, журналист, публицист Iэзэ Махъсидэ Залымхъан къызэралъхурэ илъэси 115-рэ ирокъу.
24 марта, 2025 - 15:04
Анэр и пхъум тегужьеикIауэ аргуэру зы хъыджэбз цIыкIу Тхьэшхуэм къахуигъэфащащ. Шыпхъу нэхъыщIэ зэриIэм Симазэ и гукъыдэжыр куэдкIэ нэхъыфI ищIат, зэзэмызэ, мы дохутырхэр щыуагъэнущ, щыжыпIи къыхэхуэрт, зи гукъыдэжыр ин Симазэ гухэхъуэу сабийм игъэдыхьэшхырти.
СабиитIым тегужьеикIауэ псэу адэ-анэр Симазэ егъэджа зэрыхъунум емыгупсысу къанэртэкъым: «емыджэу дауэ хъун, еджакIуэ щыIэу зыгуэр къыщыщIмэ, сыт тщIэжынур?» АрщхьэкIэ хьэблэ сабийхэм хуэдабзэу, езыри темыпыIэжу йожьэ еджапIэм щыкIуэну пIалъэр къыщысынум.
24 марта, 2025 - 14:02
Пенсэм теухуа къэрал хабзэм ипкъ иткIэ сабий куэд зыпI анэхэр льготэ зиIэхэм ящыщщ икIи нэхъ пасэу пенсэм кIуэну хуитщ. УФ-м и Социальнэ фондым и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм республикэм щыщ анэ быныфIэу 673-рэ нэхъ пасэу пенсэм игъэкIуащ 2024 гъэм и пэщIэдзэ лъандэрэ. Абыхэм ящыщу 41-м бынитхурэ нэхъыбэрэ, 124-м быниплI, 508-м бынищ яIэщ. Страховой пенсэхэр нэхъ пасэу хуагъэувыну хуитыныгъэ яIэщ бын къащтауэ зыпIхэми.
24 марта, 2025 - 13:41
Иужьрей лъэхъэнэм ЩIы Хъурейм и щIыпIэ куэдым хуабжьу щытопсэлъыхь дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэн, абы хуэсакъын зэрыхуейм. Абы теухуауэ махуэшхуэ зыбжанэ ягъэуващ. Абыхэм ящыщ зыщ «Псым и махуэ» зыфIащар.
24 марта, 2025 - 12:36
Философие щIэныгъэхэм я доктор, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и профессор, КъБР-м ис лъэпкъхэм я тхыдэмрэ этнографиемкIэ и кафедрэм и унафэщI Унэж Кашиф Хьэждаут и къуэм егъэджэныгъэм, щIэныгъэм щыхиша лъагъуэр кIыхьщ икIи бгъуфIэщ. Тхыдэм щыщу къигъэлъэгъуэж Iуэхугъуэхэр, философие лъабжьэ зиIэ лэжьыгъэхэр, и IэнатIэм гурэ псэкIэ зэрыпэрытыр сэбэпышхуэ яхуохъу студентхэм, аспирантхэм, докторантхэм, цIыхубэм.
24 марта, 2025 - 12:00
Гъатхэпэм и 24, блыщхьэ
Жьэн узым ебэныным и дунейпсо махуэщ
Урысейм и Дзэ-Хьэуа Къарухэм я штурман IэнатIэм и махуэщ
1948 гъэм къалъхуащ философие щIэныгъэхэмкIэ доктор, ЩIДАА-м и академик, КъШР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шенкао Мухьэмэд.
1948 гъэм къалъхуащ КъШР-м и къэрал, политикэ лэжьакIуэ Арэшыкъуэ Мухьэмэд.
1951 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Хъыдзэдж Борис.
24 марта, 2025 - 11:32
IэщIагъэм гурэ псэкIэ бгъэдэт цIыхур къыбощIэ IэнатIэм хуиIэ бгъэдыхьэкIэхэмкIэ, абы хилъхьэ щIэщыгъуэмрэ гуащIэдэкIымкIэ.
24 марта, 2025 - 11:17
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Прохладнэ къалэм щыпсэу, илъэс 34-рэ зи ныбжь Батыр Албэч Аслъэн и къуэм и гум лышх узыфэ шынагъуэр (ангиосаркома левого предсердия) иIэу къахутащ.
|