Календарь событий

25 марта 2025

МакъамэкIэ Хэкур зыгъэлъапIэхэр

Темыркъан Юрэ и цIэр зезыхьэ Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм, концерт щитащ щапхъэу къалъыта, УФ-м и Лъэпкъ гвардием и зауэлIхэм я оркестрым (полковник Шахмухаметов Азат и унафэм щIэтым). 
Пшыхьым зрагъэхьэлIащ Урысей гвардием къулыкъу щызыщIэхэмрэ абыхэм я унагъуэхэм щыщхэмрэ, ветеран IуэхущIапIэхэм, къалэ администрацэм я лIыкIуэхэм, республикэм щыпсэухэмрэ  ди хьэщIэхэмрэ. 

Хьэхэр полицэм

БалигъыпIэ имыувахэм я IуэхухэмкIэ инспекторхэм Налшык къалэм и еджакIуэхэм папщIэ къызэрагъэпэщащ зэIущIэ щхьэпэ. Абыхэм ныбжьыщIэхэм ирагъэлъэгъуащ хьэхэр ящIыгъуу зэрылажьэр. 
КъБР-м и МВД-м и кинолог IуэхущIапIэм щылажьэхэмрэ балигъыпIэ иувахэм я IуэхухэмкIэ УМВД-м и инспектор нэхъыщхьэ Алшэгъыр Ингэрэ Налшык къалэм и 33-нэ курыт еджапIэм щIэсхэм папщIэ къызэрагъэпэщащ «Бжэ зэхуэщIахэм я махуэ». 

Псалъэмакъ щхьэпэ

КъБР-м и Муслъымэнхэм я IуэхущIапIэм и унафэщIым и дэIэпыкъуэгъу Амщыкъуэ Анджелэ дызэрыт Рэмэдан мазэ лъапIэм щыIащ Урысей ФСИН-м и управленэу КъБР-м щыIэм судкIэ тезыр зытралъхьахэр щаIыгъ и колоние №4-м икIи ягъэтIыса цIыхубзхэм псалъэмакъ щхьэпэ ядригъэкIуэкIащ. 

Псыпэр хэзышахэм ящыща Теунэ Хьэчим

Щэщl гъэхэм адыгэ литературэм къыхыхьа Теунэ Исхьэкъ и къуэ Хьэчим ди прозэм и зэхэублакlуэхэм ящыщ зыщ. А лъэхъэнэм Теунэм и къалэмыпэм къыщlэкlащ мыхьэнэ пыухыкlа зиlэ художественнэ тхыгъэхэр, очеркхэр, рассказхэр, повестхэр. 
Ди адыгэ литературэр ефlэкlуэнымкlэ, абы зиужьынымкlэ, ар гъуэгу захуэ тегъэувэнымкlэ, сэбэпынагъышхуэ зыпылъ, мыхьэнэ ин зиlэ lуэхугъуэ зыбжанэ илэжьащ Теунэм. 

НОБЭ

Гъатхэпэм и 25, гъубж
ЦIыхур гъэпщылIынымрэ щхьэхуимытхэмкIэ сату щIынымрэ я лей зытехьахэм я дунейпсо махуэщ
ООН-м и лэжьакIуэхэу гъэру яIыгъхэм, хъыбарыншэу кIуэдахэм къащхьэщыжыным и дунейпсо махуэщ
Спорт кином и дунейпсо махуэщ
Урысей Федерацэм щагъэлъапIэ Щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм я махуэр
Дунейм и щытыкIэнур 

Лъэпкъыр зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэр

Урыс пащтыхьымрэ абы и блыгущIэтхэмрэ Iэмалрэ фIеягъэу къамыгъэсэбэпа щыIэкъым бгырысхэмрэ урысхэмрэ яку лъагъумыхъуныгъэ къыдалъхьэн, ахэр зыщагъэIеин, зэбий ящIын папщIэ. Апхуэдэ Iуэху еплъыкIэ пхэнжым зыкъомыр игъэжэкъуами, ар зэрымытэмэмыр, зэрыгъэпцIагъэр, зауэ екIуэкIыр лъэпкъ абы хэшахэм дежкIэ зэрынасыпыншэгъуэшхуэр, лей – бэлыхь мыухыжхэр псоми абы къазэрыхуихьыр нэхъыбэм къагурыIуэрт. 

Нинэ ягъэгушхуащ

 Урысей МВД-м Налшык къалэм щиIэ Управленэм Iэпхъуэшапхъуэ IуэхухэмкIэ и къудамэм зыхуигъэзащ налшыкдэс ГъуэнжафIэ Нинэ. ТелефонкIэ щызэпсалъэм цIыхубзым жиIащ ар зэрыпенсионерыр, етIуанэ гупым хыхьэ ныкъуэдыкъуагъэ зэриIэр икIи езыр-езыру къызэримыкIухьыфыр. Ар щIэлъэIуащ къэрал Iуэхутхьэбзэр унэм щыIэрагъэхьэну. 
ОВМ-м и лэжьакIуэхэр а махуэ дыдэм и пщыхьэщхьэм Нинэ Александр и пхъур щыпсэум кIуащ къэрал Iуэхутхьэбзэхэр унэм щыхузэфIахыну. ЦIыхубзым Iэрыхьащ Iэмал имыIэу зыхуей справкэр. 

БлэкIа гъащIэм нэгъуэщIынэкIэ дыхегъэплъэж

Кавказ щIыналъэм и дахагъыр зрагъэлъагъуну, абы щыпсэу лъэпкъхэм я зэхэтыкIэмрэ зэрахьэ щэнхабзэ-бзыпхъэхэм я хьэлэмэтагъымрэ зрагъэцIыхуну хуейуэ мащIэкъым лъахэм цIыхуу щызэблэкIар. Къалэмым хуэмыхамэу абы и дахэ зымыIуэтарэ абдеж и нэгу щыщIэкIахэм фIыкIэ темыпсэлъыхьыжарэ щыIэу къэгъуэтыгъуейщ.

Жьыуэпсыр зейр фэращ

Дунейм и зыхъуэжыкIэм, жьым и къепщэкIэм, псыхэм я зыгъэзэкIэм, зэрыщыту къатщтэмэ, жьыуэпсыр (климатыр) зыджхэмрэ абы кIэлъыплъхэмрэ яхуэгъэзауэ къагупсыса «Гидрометеорологие къулыкъум и махуэ» зыфIащар ди къэралым щыгъэлъэпIэнымкIэ унафэр къыщащтар 2008 гъэм накъыгъэм и I9-рщ.
«Климат» жыхуаIэ щIэныгъэ гуэдзэм къегъэлъагъуэ дунейм и щытыкIэм щIыпIэ гуэрым зэрызыщихъуэжыр. Климатологиер - метеорологием и пщалъэхэм къэрал зэмылIэужьыгъуэхэмрэ щIыпIэ зэхуэмыдэхэмрэ зэрызыщызэблихъур (илъэс зыбжанэм тещIыхьауэ) къызыгъэнаIуэ щIэныгъэщ. 

Я зэфIэкI еплъыжынущ

Урысей ФССП-м, «Орлёнок» Урысейпсо сабий центр цIэрыIуэм щIыгъуу зэхешэ «Хабзэм и хъумакIуэ ныбжьыщIэхэр» программэм хэтынухэм я зэпеуэ.
Абы хэтыфынущ зи ныбжьыр илъэс 11-м къыщыщIэдзауэ 16-м нэс хъухэу хабзэм, къэралымрэ абы и зэхэлъыкIэмрэ зэрызэфIэувам я тхыдэм дихьэххэр. 
«Хабзэм и хъумакIуэ ныбжьыщIэхэр» иджы еханэрэ зэхаублэикIи ар 2025 гъэм накъыгъэм и 30-м щегъэжьауэ мэкъуауэгъуэм и 19 пщIондэ «Дозорный» лагерым щекIуэкIынущ.