Календарь событий

26 марта 2025

Спорт хъыбархэр

Дзюдо

Минск щохьэщIэ

«JUNIOR MASTERS CUP» фIэщыгъэр зэрихьэу Белоруссием и къалащхьэ Минск щекIуэкIащ дзюдомкIэ ныбжьыщIэхэм, 2014, 2015, 2026 гъэхэм къалъхуахэм я зэхьэзэхуэ зэIуха. Хэгъэрейхэмрэ Урысей Федерацэм и командипщIымрэ зэхэту абы щагъэбэнащ спортсмен 594-рэ.

Къафэм къыхуигъэщIат

КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ, «Кабардинка» къэрал академическэ къэфакIуэ гупым илъэс куэдкIэ хэта ДзыхьмыщI Зарэ къызэралъхурэ илъэс 80 ирикъуащ.

Псэущхьэхэм я дунейм

Къаплъэнхэр

«Къаплъэнхэм я саммит» зыфIаща къэрал зэхуаку зэIущIэу 2010 гъэм Санкт-Петербург щызэхашам къыщащтат 2010-2023 гъэхэм тещIыхьа программэр, а пIалъэм къриубыдэу зи гугъу тщIы псэущхьэ телъыджэхэм ящыщу дэнэ лъэныкъуэкIи щыIэхэм я бжыгъэр тIукIэ гъэбэгъуэжын зэрыхуейм хуэгъэзар.

Къыхэгъэщыпхъэщ, къаплъэнхэр узэщакIуэ мыхъун хьэкIэкхъуэкIэу хабзэгъэув тхылъ зыбжанэм зэрыратхари. Псалъэм папщIэ, а Iуэхум теухуа сатырхэр ярытщ Псэущхьэхэр хъумэнымкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэм и дэфтэрми УФ-м и Тхылъ Плъыжьми.

ГъащIэм и зэхэлъыкIэ щхъуэкIэплъыкIэр

Ди газетеджэхэм  ящыщ куэд поплъэ «Адыгэ псалъэм» илъэс куэд лъандэрэ и ныбжьэгъуфIу къекIуэкI, КъБР-м и цIыхубэ егъэджакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ, гъэсакIуэ икIи ущиякIуэ ДыщэкI Марие и тхыгъэхэм. Нобэ тыдодзэ  нэхъыжь Iумахуэм и усэ IэрамэщIэм щыщ зыбжанэ. Ахэр ятеухуащ гъащIэм и зэхэлъыкIэ щхъуэкIэплъыкIэм, цIыхухэм яку дэлъ зэхущытыкIэм, адыгэ хабзэмрэ нэмысымрэ.   

***

 ГъащIэр зэрыхъур махуищщ,

Ар нобэщ, дыгъуасэщ, пщэдейщ.

Дыгъуасэр хъарзынэу дгъэкIуами,

Ар зэфIэкIащ, блэдгъэкIащ.

Лэжьыгъэрщ узыгъэлъапIэр

Псыгуэнсум и цIэр Къэбэрдей-Балъкъэрым дэнэ къэна, къэрал псом ину щызыгъэIуахэм ящыщщ цIыхубз IэмащIэлъэмащIэ, ауэ гуащIафIэ Мысостышхуэ Былэ. Аращ адыгэ цIыхубзхэм ящыщу  япэ дыдэу Лениным и орденыр зратауэ щытар.

Псэр и закъуэ къыщынэм деж

Ибрэхьим къалэм кIуэри Iэдэм телефонкIэ епсалъащ, и пхъум и Iуэхур зытетыр, зимыгъэгувэмэ зэрынэхъыфIыр жриIащ. Iэдэм и шыпхъур и гъусэу махуитI дэкIмэ къакIуэу, машинэкIэ Симазэ яшэну къигъэгугъащ.

Хэкум кIуэну зигъэхьэзырыну Симазэ и адэм къыщыжриIам, и фIэщ мыхъуу тIэкIурэ щысащ.

 - Ди адэ, угушыIэрэ, хьэмэрэ сыт сэ сщIэн хуейр? - щIэупщIащ Симазэ.

- Иджыпсту щIэдзи узыхуей хьэпшыпхэр бэвулым (пхъуантэм) дэлъхьэ, ди благъэхэр махуитI-щыкIэ къэсынущ, къызэрыкIуэри машинэщ.

Дуней гуфIэгъуэр иIэу Симазэ и щыгъынхэр дакъикъипщIым и кIуэцIкIэ хьэзыр ищIащ.

НОБЭ

Гъатхэпэм и 26,  бэрэжьей

Къэмэх узыфэр зыпкърытхэм я махуэщ

1898 гъэм къалъхуащ кавказыбзэхэр зыджа щIэныгъэлI, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, Куржым щIэныгъэхэмкIэ и академием и академикыу щыта, Абхъазым, КъБР-м, Шэшэн, Ингуш, Дагъыстэн республикэхэм щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, Куржым и къэрал саугъэтым и лауреат Чикобавэ Арнольд.

        

Дунейм и щытыкIэнур

Лъэпкъ гупсысэ зыхэлъ

Лъэпкъым и дуней еплъыкIэм и гъащIэм теухуауэ ягъэпсащ адыгэ фащэр. Ауэ ар зэрыщыптIагъэ къудейм узэрыадыгэр къигъэлъагъуэркъым, абы уи гупсысэкIэкIи зыIыгъыкIэкIи удекIуу щытын хуейщ. Къапщтэмэ, адыгэм и лъэпкъ фащэм хуэдэу пщIэшхуэ пылъу зэрахьэфа нэгъуэщI щыIэкъым. Абы псом япэу и щхьэусыгъуэр сыт и лъэныкъуэкIи ар зыхуей хуэзауэ, зыми емыщхьу дахэу яду зэрыщытарагъэнщ. Нобэрей зэманым нэхъ къезэгъыу жаIэу, ди лъэпкъ фащэм и пкъыгъуэ гуэрхэр щыгъынхэм ирахьэлIэ хъуащ. Абы къыхэкIыу, апхуэдэ хъугъуэфIыгъуэм нэхъри зедгъэужьын хуейщ.