|
Календарь событий
28 марта 2025
28 марта, 2025 - 19:18
ЦIыхуIэ зылъэмыIэса щIыуэпсым и дунейпсо фондым къыхилъхьауэ, «ЩIым и сыхьэт» зыфIаща къэрал зэхуаку Iуэхугъуэу гъэ къэс ирагъэкIуэкIым ди республикэри хэтщ. Дызэрыт илъэсым ар гъатхэпэм и 29-м тохуэ.
28 марта, 2025 - 18:15
Лышх узыфэхэмкIэ Ростов къалэм дэт сымаджэщым иджыри зы къудамэ къыщызэIуахащ.
28 марта, 2025 - 17:14
Дыгъэм и къуэпсыр цIыхум и пкъым хохьэ, и гукъыдэжыр къеIэт, нэфIэгуфIэ ещI, и бзий хуабэхэмкIэ къодэхащIэ, уи щхьэщыгум къиувамэ ущIэращIэу къыпщегъэхъу.
28 марта, 2025 - 16:11
КъБР-м и Лъэпкъ музейм щагъэлъагъуэ щIэныгъэмрэ гъуазджэмкIэ Петровскэ академием хэта, «Эльбрусские новости» газетым и редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэу щыта, коллекционер, псапащIэ Хаджиев Даниял зэхуихьэса лэжьыгъэхэм щыщ.
28 марта, 2025 - 14:02
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм, Урысей Банкым и Ипщэ къудамэм, «Ахъшэр зэрызэIэпыпх хъу картэхэмкIэ лъэпкъ системэ» IуэхущIапIэм зэгъусэу мы махуэхэм ирагъэкIуэкIа зэIущIэм щыжаIащ ахъшэ Iэрылъхьэ хэмыту финанс Iуэхутхьэбзэхэр банкоматхэмрэ интернет гуэдзэнхэмкIэ зэфIэбгъэкIыныр республикэм нэхъ тынш зэрыщыхъуар икIи абы и лъэныкъуэкIэ Кавказ Ищхъэрэм щыпэрытхэм зэрахэтыр.
28 марта, 2025 - 13:56
Дызэрыт илъэсым Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэшыщIэхэм хьэцэпэцэмрэ джэш хъуреймрэ гектар мин 213,4-рэ хухахынущ, нэгъабэ щыIа бжыгъэхэм нэхърэ проценти 3,6-кIэ нэхъыбэщ ар.
28 марта, 2025 - 13:45
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэ-дзэ Хуснуллин Марат иригъэкIуэкIа, ЩIыналъэ зыужьыныгъэхэмкIэ правительствэ комиссэм и президиумым и зэIущIэм.
28 марта, 2025 - 12:51
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек я IэщIагъэм епха махуэмкIэ ехъуэхъуащ Урысей гвардием и Управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и лэжьакIуэхэм.
Урысей гвардием и Управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм къулыкъу щызыщIэхэ, абы и лэжьакIуэхэ, IэнатIэм и ветеранхэ!
Фи IэщIагъэм епха махуэмкIэ сынывохъуэхъу!
Мы махуэм дэ догъэлъапIэ цIыху къарууфIэхэр, лIыхъужьыгъэ къэзыгъэлъагъуэхэр, хабзэм и хъумакIуэхэр, къэралым и щхьэхуитыныгъэмрэ и шынагъуэншагъэмрэ зыхъумэхэр, Хэкум и пащхьэм щаIэ къалэныр хахуэу зыгъэзащIэхэр.
28 марта, 2025 - 12:07
ПщIэ зыхуэсщI си лъахэгъухэ! Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэ!
Сигуми си псэми къабгъэдэкIыу сынывохъуэхъу къэблэгъа махуэщIымкIэ - Балъкъэр лъэпкъым и къэщIэрэщIэжыныгъэм и махуэмкIэ.
Псоми ди зэхуэдэ, псори дызыщыгуфIыкI а махуэм къегъэлъагъуэ захуагъэр зэрытекIуэр, балъкъэр лъэпкъым хэлъ къарур, къэмылэнджагъэр, быдагъэр. Лей зытехьэу гугъуехь куэд зышэча а лъэпкъым зихъумэжащ, здрагъэIэпхъукIа и щIыпIэми къигъэзэжащ.
28 марта, 2025 - 11:08
Гъатхэпэм и 28, мэрем
Балъкъэр лъэпкъым и къэщIэрэщIэжыныгъэм и махуэщ
Тхыдэджым и дунейпсо махуэщ
1940 гъэм къалъхуащ КъШР-м и къэрал лэжьакIуэ, тхакIуэ, усакIуэ Псыхэмыхьэ Мусэ.
1954 гъэм къалъхуащ «Советская молодежь» газетым и редактор нэхъыщхьэу илъэс куэдкIэ лэжьа, УФ-ми КъБР-ми щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Къардэн Мухьэмэд.
28 марта, 2025 - 10:46
Илъэс зыбжанэ хъуауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и егъэджэныгъэ IэнатIэм и къудамэ зэмылIэужьыгъуэхэм щхьэкIэ IТ-IэщIагъэлIхэр ягъэхьэзыр.
|