Календарь событий

30 марта 2025

Щэнхабзэр зыгъэкIуатэхэр

Гъатхэпэм и 27-м Налшык щагъэлъэпIащ Театрым и лэ­жьакIуэхэм я дунейпсо махуэр. Пшыхь гуапэр къызэригъэпэщащ УФ-м и Театр лэ­жьакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм.

Гум имыхуж гъатхэ

«ЩхьэкIуэ зышэч щхьэ щхыгъуэ йохуэ», - жеIэ адыгэ пса­лъэ­жьым. Ди лъэпкъэгъурэ бзэгъуу щымытми, илъэс куэд лъандэрэ зы лъахэм къыщыддэпсэу балъкъэрхэм я тхыдэ ­гъуэгуанэм уриплъэжмэ, дяпэ ита нэхъыжьхэм къагъэщIа а жыIэгъуэм и мыхьэнэр абыхэм я дежи зэрыщынэрылъагъур къыб­гуроIуэ. Къатепсыха гуа­уэм­рэ гугъуехьхэмрэ яшэ­чыфщ, щы­щIэныгъэхэмрэ бэ­лыхь­хэмрэ пхыкIыфри балъкъэр лъэп­къым зиужьыжащ, зиузэщIыжащ.

Гукъыдэжым къигъэуш телъыджагъэр уасэншэщ

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезы­хьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым дэтхэнэ и зы гъэлъэгъуэныгъэми дахагъэ къыхэпхыфынущ. 

Гуауэри гуфIэгъуэри щызэхэухуэнащ

СурэтыщI гъуазджэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, мы махуэхэм щокIуэкI Балъкъэр лъэпкъым и къэщIэрэщIэжыныгъэм и махуэм ирихьэлIэу къызэIуаха гъэлъэгъуэныгъэ. Кулиев Къайсын «И будет жив мой край…» и псалъэхэр зыфIаща зэIущIэм утыку къыщрахьащ музейм и гъэтIылъыгъэхэм къыхаха лэжьыгъэ гъэщIэгъуэнхэр. Ди республикэм и сурэтыщIхэмрэ IэпщIэлъапщIэхэмрэ я Iэдакъэ къыщIэкIа сурэтхэр, графикэ, скульптурэ, декоративно-прикладной гъуазджэм щыщ лэжьыгъэхэр зы гъэлъэгъуэныгъэу зрагъэуIуащ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэмрэ музеймрэ.

Къызэгъэпэщыныгъэм хуэIэижьщ, Идар

ГъукIакъуэ Идар концерт къы­зэгъэпэщакIуэщ, «Гучаков Промоушен групп» зи фIэщыгъэ IуэхущIапIэр егъэлажьэ. Абы и гупым екIуу ирегъэкIуэкI зызрапщыт Iуэхухэр, фIыщIэрэ щытхъурэ яIэщ. ГъукIакъуэр маркетолог IэщIагъэм Чехием и къалащхьэ Прагэ щыхуеджащ Финанс­хэмрэ правэмкIэ школ нэхъыщхьэм. Абы дызэреупщIар къыщIэддзащ IэщIагъэм зэ­рыхэзэгъамкIэ, япэ лъэбакъуэ хуэхъуамкIэ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек республикэм ис муслъымэнхэм НэщI мазэр зэриухам папщIэ зэрехъуэхъур

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ис муслъымэнхэм си гум къыбгъэдэкIыу сохъуэхъу НэщI мазэ лъапIэр щиуха махуэшхуэмкIэ!