Календарь событий

02 апреля 2025

Тхыдэр зэредгъащIэ Iэмал

Хэку зауэшхуэм хэтахэм, хэкIуэдахэм я фэеплъыр ди нобэм зэрахъумэ Iуэхугъуэ нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщщ «Полк уахътыншэр».

ЗэрытщIэжщи, пандемием и пэ, абы цIыхушхуэ хэту ирагъэжьауэ щытащ. Къалэ уэрамхэмрэ лъэс лъагъуэхэмрэ, псыежэх ирижэм хуэдэу, лIыхъужь минхэм я сурэтхэр Iэтауэ яIыгъыу балигъхэмрэ сабийхэмрэ кърикIуэрти, зы утым деж щызэхуэсыжырт. Ар цIыхум и гур зы лъэныкъуэкIэ щыхэхъуэ, зэми щигъэнэщхъей дакъикъэхэт.

Лэжьыгъэм арэзы укъещI

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм 2024 гъэм хузэфIэкIахэм щыхэплъэжа зэIущIэ. Апхуэдэуи абы щытепсэлъыхьащ дызэрыт илъэсым республикэм и мэкъумэш IэнатIэм къыпэщылъ къалэнхэм.

Псалъэ Iущхэр Iэщэ жану

Ди эрэм и пэкIэ еплIанэ-ещанэ лIэщIыгъуэхэм ди щIыгум мэкъумэш щIэным зыщиужьат. Синдхэм я щIыналъэр къулейт, нэхъыбэу зэлэжьыр хьэцэпэцэрт, псом хуэмыдэу гуэдзым. Къэралым щыпсэухэр зрикъун къалэжьыж къудейм къыщымынэу, Синдикэм гъавэкIэ сату дищIырт Алыджым. Хьэцэпэцэхэм нэмыщI, мыбы щелэжьырт пхъэщхьэмыщхьэм, санэм. Абы теухуауэ тхыгъэ къигъэнащ алыдж географ цIэрыIуэ Страбон.

Джэд нэхърэ джэдыкIэ нэхъ Iущщ

«Бгъэр куэдрэ уэмэ, и дамэр мэкъутэ», «ЦIыхубз пшэрыхь хущанэ», «Дунейр шэрхъщи, мэкIэрахъуэ», «Жьындум и фыз къэшэкIэщ», «Куэсэ хьэсэгъу умыщI», «Мылажьэ ягъашхэркъым», «Мыщафэ Iэрымылъхьэм гуащэр щумыгъэгугъ» - мы псалъэжьхэми нэгъуэщI куэдми хъыбар ящIыгъущ. Мыхэр гъащIэм къыхэкIащ, зыгуэрым и псалъэ Iущым тражыIыкIыжащ е Iуэхугъуэ гуэрым тражыIыхьа хъури, цIыхубэм псалъафэу къахуэнащ.

Гъуэгуанэ дахэ къикIуащ

Налшык къалэм дэт, Сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ я творчествэм зегъэужьынымкIэ Уардэунэм иджыблагъэ щекIуэкIащ «Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iущхэмрэ и Iущыцэхэмрэ» хэгъэгупсо зэхьэзэхуэм и XI БжьыгъуэзэфIэхь ныкъуэр. Ар теухуат Урысей географие зэгухьэныгъэр илъэси 180-рэ зэрырикъум.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Унафэ

1.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ФIэкIыпIэ зимыIэ медицинэ страхованэмкIэ и щIыналъэ фондым и правленэм зэIущIэхэр зэрыригъэкIуэкI икIи унафэхэр къызэрищтэ ЩIыкIэр гъэувыным и IуэхукIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и   Унафэ

             2025 гъэм гъатхэпэм и 17-м                    Налшык къалэ                                         №28-ПП

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

 «Мэкъумэш щIэным хухаха щIыхэм я бэвагъыр къызэгъэпэщыныр къэралым зэригъэкIуэным и IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 3-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым теухуауэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и   Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:

Лъабжьэмрэ къуэпсхэмрэ

Кавказыбзэхэм я зэIыхьлагъэ зэпыщIэныгъэхэм теухуа лэжьыгъэ гъэщIэгъуэн иригъэкIуэкIащ филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат Абдокъуэ Iэуес. Абы щыщ пычыгъуэ фыщыдогъэгъуазэ.

НОБЭ

Мэлыжьыхьым и 2, бэрэжьей

Сабий тхылъым и дунейпсо махуэщ

Белоруссиемрэ Урысеймрэ я лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэщ

1911 гъэм Цагъуэ Нурий Истамбыл адыгэбзэкIэ къыщыдигъэкIащ «Гъуазэ» газетым и япэ номерыр.

1948 гъэм адыгэ тхакIуэ щэджащэ КIэрашэ Тембот СССР-м и Къэрал саугъэтыр къратащ.

1932 гъэм къалъхуащ журналист, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ АфIэунэ Рае.