|
Календарь событий
03 апреля 2025
3 апреля, 2025 - 19:44
Дзэлыкъуэ щIыналъэм и тхыдэ - лъахэхутэ музейм Iуэхугъуэ дахэхэр къыщызэрагъэпэщ, ар цIыхухэм яфIэгъэщIэгъуэнщ, щIэупщIэ иIэщ. Дэри, музейм теухуауэ дгъэуэршэращ абы и унафэщI Мэкъуауэ Хьэлимэт.
- Хьэлимэт, музейр къызэрызэвгъэпэщам и гугъу уэзгъэщIынут.
3 апреля, 2025 - 19:04
Сегодня опубликован указ Главы КБР Казбека Кокова о присвоении почетного звания «Народный поэт Кабардино-Балкарской Республики».
«За вклад в культуру и искусство и заслуги в развитии народного творчества присвоить почетное звание «Народный поэт Кабардино-Балкарской Республики» Мукожеву Анатолию Хабаловичу – главному редактору журнала «Ошхамахо» государственного казенного учреждения Кабардино-Балкарской Республики «КБР-Медиа»», - говорится в тексте указа.
3 апреля, 2025 - 18:42
2025 гъэм гъатхэпэм и 10-м щегъэжьауэ мэлыжьыхьым и 7 пщIондэ къэралым щекIуэкIынущ химие пкъыгъуэхэмкIэ, хущхъуэхэмкIэ, IэрыщI щIыгъэпшэрхэмкIэ зэмыгуэуа продукцэ къабзэхэм я урысейпсо зэхьэзэхуэ.
3 апреля, 2025 - 17:39
2024 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым ехъулIэныгъэхэр иIащ бжыгъэ Iэмалхэм зэрызрагъэужьым епхауэ.
ЩIыналъэм щыпащащ хъыбарегъащIэ Iэмалхэр, связыр, Интернетыр цIыхухэм зэраIэрыхьэр егъэфIэкIуэным, къэрал, муниципальнэ Iуэхутхьэбзэхэр зэпэIэщIэу (электроннэу) къызэгъэпэщыным ехьэлIа лэжьыгъэм. Иджыпсту республикэр 29-нэ увыпIэм щытщ УФ-м Бжыгъэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ, связымрэ цIыхубэ коммуникацэхэмкIэ и министерствэм гъэ къэс къызэщIикъуэж къэпщытэныгъэм къызэригъэлъэгъуамкIэ (2023 гъэм елъытауэ увыпIэ 22-кIэ къэIэбащ).
3 апреля, 2025 - 15:35
Псалъэ зэгъэкIуам, гупсысэ куум хуэIэзэ тхакIуэ ЩоджэнцIыкIу Алий сабийхэм папщIэ тхыгъэ куэд и Iэдакъэ къыщIэкIащ. ЩIэджыкIакIуэ ныбжьыщIэхэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ гъащIэр зэрызэхэлъ Iуэхугъуэхэр я фIэщ щIыным, ахэр художественнэу я пащхьэ илъхьэным. ЩоджэнцIыкIум и тхыгъэхэм гупсысэ куухэр къыщыIэтащ, абыхэм сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ я дуней еплъыкIэр яубзыху, ирагъэфIакIуэ.
3 апреля, 2025 - 14:31
Бдзэжьей лъэпкъыфIхэр щагъэхъу питомникхэр зыухуэхэм Урысей Правительствэм а лэжьыгъэр ядиIыгъынущ.
3 апреля, 2025 - 13:28
ГъащIэм куууэ ухэзыгъаплъэщ икIи узыщIэзыгъэгупсысыжщ Хьэту Пётр и «Гупсысэжьейхэр». А тхыгъэ кIэщIхэм Iущагъышхуэ яхэлъщ, нобэрей ди зэхэтыкIэм лъэныкъуэкIэ укъыхагъаплъэу.
3 апреля, 2025 - 12:26
Кубокым щIэбэнынущ
Урысей Федерацэм кёкусинкай-каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ Мэзкуу къалэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэм медалиплI къыщахьащ. Зэпеуэм хэтащ ди къэралым и каратист, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту, 1200-м нэблагъэ, абыхэм ящыщу 22-р Налшык икIауэ.
3 апреля, 2025 - 12:26
ЕгъэджакIуэ IэнатIэр зэрыгугъур псоми дощIэ. Егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэм зи гъащIэр тезыухуахэм я гъащIэ псом гуэхыпIэ имыIэу епхащ я лэжьыгъэр. Гурэ псэкIэ къыхэпхауэ щытмэщ абы ущрилэжьэфынури тыхь зыщыхуэпщIыфынури. Апхуэдэу, зэрыIыгъыу, щIэблэр фIым зэрыхуаущиинымрэ щIэныгъэ куу зэрыбгъэдалъхьэнымрэ хущIэкъуу, зэдолажьэ Аруан щIыналъэм хыхьэ Къэхъун жылэм дэт курыт школ №1-м и IэщIагъэлI гупыр.
3 апреля, 2025 - 12:18
Хэку зауэшхуэм ди къэралым ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщихьрэ мы гъэм илъэс 80 зэрырикъур зэрагъэлъапIэм хыхьэу, КъБР-м и Лъэпкъ музейм и лэжьакIуэхэм бгъэIэпхъуэ хъу гъэлъэгъуэныгъэр яшащ Аргудан къуажэм и курыт еджапIэ №1-м.
3 апреля, 2025 - 11:40
Мэлыжьыхьым и 1-р Ауанымрэ гушыIэмрэ я дунейпсо махуэщ
3 апреля, 2025 - 11:30
Мэлыжьыхьым и 3, махуэку
ГуфIэгъуэ пшыхьым и дунейпсо махуэщ
1963 гъэм къалъхуащ усакIуэ, Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къуий Щыхьымбий.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэшх къыщешхынущ. Махуэм хуабэр градус 13 - 16, жэщым градуси 10 - 11 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
ЦIыхубз зыщIэмыс унэр сабафэщ.
3 апреля, 2025 - 11:24
2024 гъэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэм ахъшэу къаIэрыхьэм проценти 8,7-кIэ хэхъуащ икIи абыкIэ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм я деж щыпэрытщ, къитащ Росстатым. КИФЩI-м ар зэрыщыхъур проценти 5,3-рэщ.
|