Календарь событий

04 апреля 2025

НОБЭ

Мэлыжьыхьым и 4, мэрем
Интернетым и дунейпсо махуэщ
Компьютерыр зэтезыухуэм и дунейпсо махуэщ
1933 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхакIуэхэм я оргбюро къызэрагъэпэщащ.
1896 гъэм къалъхуащ адыгэхэм я къекIуэкIыкIам теухуа лэжьыгъэ куэд зиIа, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Кокиев Георгий.

ЩIыгъэпшэрхэр ират

Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэшыщIэхэм губгъуэ лэжьыгъэхэр, зэрыжаIэу, махуэ къэс щIагъэхуабжьэ зэпытщ икIи, хабзэ зэрыхъуауэ, псом япэ ирагъэщу щIыгъэпшэрхэр бжьыхьэсэ къэкIыгъэхэм кIэщIалъхьэ. 
Республикэм и щIыналъэхэм я администрацэхэм мэкъумэш-промышленнэ комплексымкIэ я управленэхэм къызэратамкIэ, гектар мин 30-м щIигъум щIыгъэпшэрхэр халъхьакIэщ, псори зэхэту бжьыхьэсэр зыхащIам и процент 45-рэ мэхъу ар. IэщIагъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, бжьыхьэсэ жылэхэр хъарзынэу щIым хиубыдащ икIи абыхэм я щытыкIэм арэзы укъащI.

ЩIыхуэ нэхъ мащIэ зытелъхэр

УФ-м и цIыхухэм кредиту къащтам и куэдагъым ехьэлIауэ «РИА Рейтинг» Экономикэ къэпщытэныгъэхэмкIэ центрым зэпэлъытэныгъэхэр илъэс къэс ирегъэкIуэкI. Абы кърикIуахэр иджыблагъэ сатей къищIащ «РИА Новости» хъыбарегъащIэ IэнатIэм. 
Къэпщытэныгъэхэм къагъэлъагъуэ УФ-м и щIыналъэхэм щыпсэу, лэжьыгъэ IэнатIэ пэрыт цIыхухэм ику иту кредит ахъшэу ятелъым и куэдагъымрэ ипэжыпIэкIэ къахь улахуэмрэ зэрызэщхьэщыкIыр, абы тещIыхьауэ рейтингри зэхагъэувэ. 

Европэр къапоплъэ

Урысей Федерацэм тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэ лIэужьыгъуэмкIэ) пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Анапэ къалэм щекIуэкIащ гъатхэпэм и 13 - 19-хэм. Абы щызэпеуащ къэралым и щIыналъэхэм я спортсмен щIалэрэ хъыджэбзу 900-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэс 15 - 17 хъухэу. 

БэджэндыпщIэ мылъку

Къэбэрдей-Балъкъэрым и мылъкум щыщ ухуэныгъэхэр бэджэнду зэратам къыпэкIуэу республикэм и бюджетым сом мелуан 33,8-рэ хэхъуэу иIащ нэгъабэ. Апхуэдэу щыхъукIи, 2024 гъэм къалэну зэхуагъэувэжауэ щытар сом мелуан 27,5-рэт - иджы а бжыгъэхэм проценти 123-кIэ щIрагъэгъуащ. 
КъБР-м ЩIымрэ мылъку зэхущытыкIэхэмрэ и министерствэм 2024 гъэм иригъэкIуэкIа лэжьыгъэхэм къарикIуахэр щызэщIакъуэж зэIущIэм ар щыжиIащ а IэнатIэм и унафэщIым и къуэдзэ Уянаев Таймураз.

Уней псэупIэхэрщ нэхъыбэр

2025 гъэм и щIышылэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и ухуэныгъэ IэнатIэм щрагъэкIуэкIа лэжьыгъэм и куэдагъым фIыуэ хэхъуащ икIи сом мелуан 863,8-рэ и уасэ зэфIагъэкIащ. Нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ процент 26-кIэ нэхъыбэщ ар. Апхуэдэу щыхъукIи, хэхъуэ нэхъыбэ къэзыгъэлъэгъуар унейуэ псэупIэ зыщIхэрщ.
«Ухуэныгъэ IэнатIэм мыхьэнэ ин щеубыд ди щIыналъэм. Инвестицэ ахъшэу абы къыхашэм къыдэкIуэу, ди хэхъуэм и куэдагъри нэхъыбэ мэхъу. Ухуэныгъэм пыщIауэ лажьэ адрей IэнатIэхэми (хьэрычэт щIэн Iуэхухэри хэту) заужь, инфраструктурэ шынагъуэншэхэри зэрагъэпэщ.

Балъкъэрхэм я махуэр зэдагъэлъэпIащ

Хабзэ зэрыхъуауэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щагъэлъэпIащ балъкъэр лъэпкъым я къэщIэрэщIэжыныгъэм и махуэр. Республикэм и къалэхэмрэ районхэмрэ щыпащащ абы иращIэкIа гуфIэгъуэ зэхыхьэхэм. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым и япэ Президент КIуэкIуэ Валерэ I994 гъэм къыхилъхьауэ щытащ, илъэс 13 дэкIауэ, 1957 гъэм Азие Курытым къиIэпхъукIыжу я щIыналъэм къэзыгъэзэжа балъкъэрхэм я махуэр гъэлъэпIэныр. 

МыIэрысэ

- ИнджылызыбзэкIэ мыIэрысэм зэреджэр «apple»-щ. Ар Аполлон и цIэм къытекIащ. Абы и щхьэусыгъуэщ пасэрей алыджхэм мыIэрысейр Апполон и тхьэ жыгыу къалъытэу зэрыщытар. 
- КъэхутакIуэхэм жаIэ мыIэрысейр ди эрэм и пэIэ илъэси 6500 узэIэбэкIыжми къагъэкIыу щытауэ. 
- МыIэрысэ лIэужьыгъуэу дунейм 7000 къыщабж. А бжыгъэм зэпымыууэ хохъуэ, мыIэрысэ лIэужьыгъуэхэр зыбжанэу зэдэзыгъакIэ жыггъэкIхэм я фIыгъэкIэ. 
- МыIэрысэр псым хэхуэмэ, щIигъэтIысыкIыркъым. И Iыхьэ плIанэр хьэуа защIэщ…
- Узыншагъэм сэбэп хуэхъу витаминхэр мыIэрысафэм и лъабжьэм щызэхуэхьэсащ. 

Ди зэманым и лIыхъужьхэм траухуэ

ЩIалэгъуалэм я унэм, Щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ центрым, Къалэн куэд щагъэзащIэ республикэ центрым щагъэлъэгъуащ «Жить в полный голос» документальнэ фильмыр. 
Лэжьыгъэр траухуащ иджырей лIыхъужьхэм – къэралым и щIыналъитхум щыщхэу IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм пэрытхэм. А лэжьыгъэр щащIар «Северный Кавказ-Медиа» IуэхущIапIэрщ, щэнхабзэ жэрдэмхэмкIэ Президент фондыр и дэIэпыкъуэгъуу. 

Метр зэбгъузэнатIэ минищэхэр

«ПсэупIэ» къэрал программэм хыхьэ «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» пэхуэщIэм ипкъ иткIэ дызэрыт илъэсым республикэм щаухуэнущ псэупIэу псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэ мин 579-рэ, абы щыщу мин 24-р хыхьэнущ щIыпIэщIэхэм сыт и лъэныкъуэкIи зегъэужьыным ехьэлIауэ щыIэ программэм. Гулъытэ хэха хуащIынущ жьы хъуа, ущыпсэуну дзыхьщIыгъуэджэ унэхэм щIэсхэр фэтэрыщIэхэмкIэ къызэгъэпэщыным. 

Къардэн Олеся и гурыфIыгъуэхэр

Ди республикэм щыпсэу бзылъхугъэхэм мымащIэу къахэкIащ егъэджакIуэ нэсхэр. ЗэрыжаIэщи, IэщIагъэр гурэ псэкIэ къыхэзыха, ар гъащIэ гъусэу къэзылъытэ цIыхухэращ лэжьыгъэм гукъыдэжрэ дэрэжэгъуэрэ щызыгъуэтхэр, абы и хъер зылъагъухэр. Егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм зэрыIутрэ мы гъэм илъэс 30 хъу Къардэн (Мамхэгъ) Олеся ящыщщ зи гугъу тщIы лэжьакIуэфIхэм. Абы къызэрилъытэмкIэ, егъэджакIуэфIым щIэныгъэфI бгъэдэлъу щытыныр мащIэщ – абы щIыгъуу егъэджакIуэм хэлъыпхъэщ гъэсэныгъэ екIурэ зэхэщIыкI куурэ. 

Хэкупсэ мыхьэнэ зыгъэзащIэхэр

 «Афган зауэмрэ дзэ Iуэху хэхахэмрэ я ветеранхэм я урысейпсо зэгухьэныгъэм» и Къэбэрдей-Балъкъэр жылагъуэ IуэхущIапIэр мы зэманым щIалэгъуалэм жыджэру ядэлажьэхэм ящыщщ. Афган зауэр зэрекIуэкIам нобэрей щIэблэр хэгъэгъуэзэным, щIалэгъуалэр хэкупсэу къэгъэхъуным ар йогугъу. 

МИНИСТЕРСТВО ТРУДА И СОЦИАЛЬНОЙ ЗАЩИТЫ КАБАРДИНО-БАЛКАРСКОЙ РЕСПУБЛИКИ (МИНТРУДСОЦЗАЩИТЫ КБР)

Министерство труда и социальной защиты Кабардино-Балкарской Республики информирует, что в целях профилактики производственного травматизма и профессиональной заболеваемости используется комплекс мер экономической заинтересованности страхователей, одна из которых - финансовое обеспечение предупредительных мер по сокращению производственного травматизма и профессиональных заболеваний работников (статья 1 Федерального закона от 24 июля 1998 г. №125-ФЗ «Об обязательном социальном страховании от несчастных случаев на производстве и профессиональных заболеваний»).

Ерыскъымрэ псымрэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм къызэритамкIэ, 2025 гъэм и щIышылэм республикэм ерыскъыхэкIхэм елэжь и IуэхущIапIэхэм зэгъусэу къыщIагъэкIа продукцэхэм я куэдагъым хагъэхъуащ икIи промышленнэ индексыр проценти 122,7-рэ хъуащ.
Псом хуэмыдэу хэхъуащ IэфIыкIэхэкIым, пхъэщхьэмыщхьэрэ хадэхэкIыу банкIхэм иралъхьэу траIуэнтIам, лыхэкIым, шэуэ, шхууэ сату щIыпIэхэм ирагъэшэну ирагъэхъуам, кхъуейм, кхъуейлъалъэм, шатащхьэм, Iусыпхъэхэм.

Къалэмыр зыхуэфащэ

Новеллэ жанрым ди литературэм зыщиужьыным и гуащIэшхуэ хилъхьащ Мэзыхьэ Борис. Абы ар къызэрехъулIам, и тхыгъэхэм ящыщ зыбжанэ зэпкърихкIэрэ, тетхыхьауэ щытащ КIурашын БетIал.