Календарь событий

05 апреля 2025

Зэпеуэ къызэрагъэпэщ

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ МВД-м иригъэкIуэкIынущ «Полицейский дядя Стёпа» ­сабий творчествэмкIэ урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр.

ЗыщIэгупсысыжыну зэман яIэщ

Урысей ФСБ-м и управленэу КъБР-м щыIэм, КъБР-м щыIэ    МВД-м я лэжьакIуэхэм къэлъыхъуэныгъэ Iуэхухэр ира­гъэкIуэкIыу къыщIагъэщащ Прохладнэ районым щыпсэу цIыхубзищым къэхьпэщ къызэрагъэпэщауэ, абы и лэжьыгъэм хамэ къэрал къикIауэ Урысей Федерацэм и щIыналъэм щыIэ цIыхухэр къыхашэу. 

ЩIалэгъуалэм IэмалыфIхэр къахузэIуех

КъБР-м и Парламентым и ЩIалэгъуалэ палатэм и ебгъуа­нэ зэхуэсым хэтхэм я япэ зэIущIэр дыгъуасэ зэхэтащ. Ар иригъэкIуэкIащ республикэм и хабзэубзыху IуэхущIапIэм Егъэ­джэныгъэмкIэ, щIэныгъэмкIэ, физическэ щэнхабзэмкIэ, спортымрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Емуз Нинэ.

Я хэхъуэр наIуэу щытын хуейщ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и прокуратурэм ­КъБР-м Жылагъуэ Iуэхухэмрэ лъэпкъ проектхэмкIэ и министерствэм и къулыкъущIэхэм папщIэ семинар иригъэ­кIуэкIащ.

Абы щытепсэлъыхьащ коррупцэм зэрыпэщIэт хабзэр къэгъэсэбэпыным, къэрал граждан къулыкъущIэхэм я пщэ­рылъхэр  ягъэзэщIэным пыщIа Iуэхухэм. Прокуратурэм и лэжьакIуэм ягуригъэIуащ я хэхъуэхэр абы теухуа тхылъхэм къыщагъэлъэгъуэн зэрыхуейм ехьэлIауэ хуагъэувхэр.   
Къыхагъэщащ официальнэ дэфтэрхэр и лъабжьэу хъыбархэр Iэрагъэхьэныр зэрынэхътэмэмыр.  

ЗыщыгуфIыкIа тыгъэ

«Захуагъэ здэщыIэ Урысей - Пэжым и телъ­хьэу» партым и къудамэу КъБР-м и Парламентым хэтым и Iэтащхьэ Кебеков Владимиррэ   КъБР-м и Парламентым ПромышленностымкIэ, транспортымкIэ, связымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и комитетым и унафэщI Къалмыкъ Маратрэ медицинэ Iэмэпсымэхэр иратыжащ узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэр зыпкърытхэм щеIэзэ, щIыналъэхэм зэдай сымаджэщу Анзорей къуажэм дэтым. Ахэр къахуезыгъэшар «Захуагъэ здэщыIэ Урысей - Пэжым и телъ­хьэу» партым и унафэщI, а партым и фракцэу Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым и Къэрал Думэм щыIэм и пашэ Миронов Сергейщ.

ЩIыналъэхэм я зэIу­зэпэщыныгъэр

ЗэIущIэм и гугъу щащIащ Урысейм и Президентым и унафэм ипкъ иткIэ дзэм къу­лыкъу щызыщIэнухэр щраджэ гъатхэ лъэхъэнэм зэрызыхуа­гъэхьэзырынум.