Кавказ Ищхъэрэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ ТхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэ лIэужьыгъуэмкIэ) я федерацэхэм я тхьэмадэ, УФ-м ТхэквондомкIэ и зэгухьэныгъэм и гъэзэщIакIуэ комитетым хэт, дисциплинэмкIэ комиссэм и унафэщI Щокъарэ Азрэталий нобэ тхутопсэлъыхь а спорт лIэужьыгъуэм япэ лъэбакъуэхэр республикэм зэрыщыпхиша щIыкIэхэм, зыIууа гугъуехьхэм, ныбжьыщIэхэм драгъэкIуэкI гъэсэныгъэ лэжьыгъэхэм, абыхэм ехьэлIауэ иIэ гупсысэхэмкIэ, нэгъуэщIхэмкIи къыддогуашэ.