|
Календарь событий
07 апреля 2025
7 апреля, 2025 - 16:52
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм сабийхэм зыщагъэпсэхуныр икIи я узыншагъэр къыщагъэщIэрэщIэжыныр къыщызэгъэпэщыным ехьэлIа IуэхухэмкIэ и ведомствэ зэхуаку комиссэм хэтхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2023 гъэм жэпуэгъуэм и 20-м къыдигъэкIа Указ 104-УГ-мкIэ къащтам зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ
7 апреля, 2025 - 16:26
Марсым и хъуреягъыр 2014 гъэ лъандэрэ эллиптическэ орбитэм тету къэзылъэтыхь Мaven (Mars Atmosphere and Volatile EvolutioN) хьэршырыкIуэ кхъухьлъатэр а планетэ «плъыжьым» щхьэщыт хьэуа мащIэм къыщекIуэкIхэр джыным хуэгъэпса Iэмэпсымэ гъуэзэджэщ.
7 апреля, 2025 - 15:24
Урысей Федерацэм и щIыналъэхэм ящыщу 2024 гъэм къриубыдэу лэжьапIэншэхэм я бжыгъэр нэхъыбэу зыгъэмэщIахэм яхэтщ Къэбэрдей-Балъкъэрыр. Абы ипэ ита илъэсым елъытауэ проценти 4-кIэ нэхъ мащIэ хъуащ IэнатIэ зимыIэхэм я бжыгъэр. Ар къигъэлъэгъуащ Новости РИА-м иджыблагъэ иригъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм.
ЩIыналъэм лэжьапIэншэу щыпсэум я куэдагъымкIэ ди республикэм 77-нэ увыпIэр къэралым щиIыгъщ, Кавказ Ищхъэрэм щыетIуанэщ, Ставрополь крайм къыкIэлъыкIуэу.
7 апреля, 2025 - 14:24
КъулыкъущIэщ икIи сурэтыщIщ Хьэжнэгъуей Залинэ. Абы къиухащ КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр мэкъумэш къэрал университетыр. Зыхуеджар «Къэрал муниципальнэ управленэ» унэтIыныгъэрщ. Налшык къалэ администрацэм Къалэм и зыужьыныгъэмкIэ, курортхэмрэ туризмэмкIэ и департаментым и щIэныгъэ лэжьакIуэщ. Зыхуеджа IэщIагъэм къыдэкIуэу, гъуазджэми дехьэх. Сурэт щIыным хуемыджа пэтми, и IэдакъэщIэкIхэм уатхьэкъу. IэщIагъэм, дэзыхьэххэм, гъащIэм теухуауэ Залинэ и гупсысэхэр щIэщыгъуэщ.
7 апреля, 2025 - 14:22
ЛIыхъужьыгъэ зэрахьэу Хэкур яхъумащ Къэхъун къуажэм щалъхуа куэдым. Абыхэм ящыщщ зи гъащIэр щапхъэу щIэблэ куэдым хуагъэлъагъуэ зауэлI хахуэ Жамборэ Щэуал Къасым и къуэр.
И ныбжьыр ирикъури, I939 гъэм и мазаем ар къулыкъу ищIэну дзэм ираджащ. ИкIи Хэку зауэшхуэм и япэ махуэхэм щегъэжьауэ бийм пэщIэтахэм яхэтащ. Сыт хуэдэ гугъуехьрэ псэзэпылъхьэпIэрэ имыхуами, къыщыхъу щыIакъым абы и щIыб къыщигъэза е си щхьэр нэхъыфIщ жиIэу къыщыдзыха.
7 апреля, 2025 - 12:26
«ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэм ящыщу республикэм щрагъэкIуэкIынущ гъуэгум щызекIуэхэм я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным хуэунэтIа лэжьыгъэ щхьэхуэхэр.
7 апреля, 2025 - 12:26
Хэку зауэшхуэм и иужьрей фочышэр ирагъэкIыу совет зауэлIхэм ТекIуэныгъэр къызэрыщахьрэ мы гъэм илъэс 80 ирокъу. Абы и щIыхькIэ къэралым и щIыпIэ куэдым Iэджэ жэрдэми къыщыхалъхьэ, щIэнIуатэми, щIэныгъэ зэIущIэми, Iэнэ хъурейми зэхуэсхэр щрагъэкIуэкI. Псори зыхуэунэтIар зыщ: 1941–1945 гъэхэм екIуэкIа зауэр щIэблэм ящымыгъэгъупщэнырщ, абы зэкъуигъэува лъэпкъыбэм къалъыкъуэкIа лъэщагъым гуащIэ зэриIэр, а щытыкIэм къэралыр лъэщ зэрищIыр захегъэщIэнырщ.
7 апреля, 2025 - 12:18
Урысей Федерацэм дзюдомкIэ щIыхь зиIэ и тренер Кудзаев Славик и фэеплъу 4-нэ урысейпсо зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ Тюмень къалэм и «Тюмень-дзюдо» спорт центрым. Абы щызэпеуащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 25-м я бэнакIуэу, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту, 162-рэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр яIэту зэхьэзэхуэм спортсмени 4 хэтати, абыхэм ящыщу Къущхьэ Темырланрэ (кг 73-рэ) Уянаев Ислъамрэ (кг I00) домбеякъ медалхэр къахьащ. Иванов Дмитрийрэ Апхудэ Андзоррэ я гъэсэнхэм дэтхэнэми зэIущIих ирагъэкIуэкIащ.
7 апреля, 2025 - 12:16
Тегенекли къуажэм и бгы-лыжэ зыгъэпсэхупIэм щекIуэкIащ «Шархэм я фестиваль». Ар къызэзыгъэпэщахэм ядэIэпыкъуащ «Ростелеком» IуэхущIапIэр.
Фестивалым я зэфIэкI щеплъыжащ Урысейм и щIыналъэхэм къикIа цIыхуи I50-м щIигъу. Зэхыхьэр зэрекIуэкIым кIэлъыплъыну кIуари цIыху мини 6-м нэсат.
7 апреля, 2025 - 12:11
2024 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым псэупIэу псори зэхэту щаухуащ метр зэбгъузэнатIэ мин 6I0,8-рэ икIи ар проценти 9,2-кIэ нэхъыбэщ абы ипэ ита илъэсым яхузэфIэкIам нэхърэ.
Налшык, Бахъсэн, Май, Шэджэм къалэхэм, Щхьэлыкъуэ, Октябрьскэ, Нартан, Лесное, Учебное, Виноградное жылэхэм къапщытэж лъэхъэнэм къриубыдэу щаухуащ къат куэду зэтет унэу I4I-рэ, псори зэхэту фэтэр 3694-рэ хъууэ. Абыхэм псоми зэхэту яубыдащ метр зэбгъузэнатIэ мин 240,9-рэ. 2023 гъэм елъытауэ процент I,2-кIэ нэхъыбэщ ар.
7 апреля, 2025 - 10:35
Мэлыжьыхьым и 7, блыщхьэ
Узыншагъэм и дунейпсо махуэщ
Рунетыр - урысыбзэкIэ лажьэ интернетыр (Ru дамыгъэр зиIэр) - къыщызэрагъэпэща махуэщ
Урысейм ягу къыщагъэкIыж псыщIагъырыкIуэ кхъухьым къулыкъу щызыщIэу хэкIуэдахэр
7 апреля, 2025 - 10:01
Iуэхугъуэ щхьэхуэхэм епха упщIэхэм я жэуапхэр къыдитащ Iустаз Гуащокъуэ Абдулбакъий.
Болэтей къуажэм щыщ Наурзокъуэ Анатолэ щIоупщIэ, цIыхур дунейм ехыжа нэужь, Iуэху кIэлъызепхьэхэм къадэкIуэу къэбжын хуей духьэхэм.
УпщIэ: «Iимамым «амин» дыжытIэ фIэкIа, нэщхъеягъуэм къыдекIуэкI духьэхэр фIыуэ тщIэркъым. ДыуэщI пщIантIэм е кхъэм ущыдыхьэкIэ, е дунейм ехыжар щыщIалъхьэкIэ къэбжын хуейхэр къытевдзамэ, ди гуапэ хъунут».
Жэуап:
|