|
Календарь событий
09 апреля 2025
9 апреля, 2025 - 16:00
Урысей Федерацэм киокушинымкIэ и чемпионатрэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ Мэзкуу къалэм щекIуэкIащ. Апхуэдэуи ныбжьыщIэхэм щхьэкIэ абы щызэхашащ «Спорт гугъапIэхэр» фIэщыгъэр зэрихьэу зэпеуэ щхьэхуэ.
9 апреля, 2025 - 14:00
Адыгэхэр зэрыса я Хэкужьым ноби узыщрихьэлIэ щIыпIэцIэхэм куэду яхэтщ зыгъэпсэхуакIуэхэм нэхъыбэрэ зи гугъу ящIхэр. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, хы ФIыцIэ Iуфэм Iус Джубгэ (Жьыубгъу) къуажэ цIыкIум зэреджэри. ФIэщыгъэм и къежьэкIэ хъуам ехьэлIауэ щыIэ Iуэху еплъыкIэхэм ящыщ зыбжанэм я гугъу тщIынщ.
9 апреля, 2025 - 12:42
Къэбэрдей-Балъкъэрым и «Налшык» гъущI гъуэгу станцым къытехьащ хъыбар дахэ куэд зыпылъ, цIыхухэр гуапэу зыIущIэ «ТекIуэныгъэм и МафIэгур». Абы гуапэу IущIащ къулыкъущIэхэр, щIалэгъуалэ икIи жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, къалэдэсхэр, ди щIыналъэм зыплъыхьакIуэ къэкIуахэмрэ зыщызыгъэпсэхухэмрэ.
9 апреля, 2025 - 12:36
Бзэр лъэпкъым и фащэщ. Ар къокIуэ дызэрыбауэ хьэуам хэту, псэм пэгъунэгъуу, Iэпкълъэпкъым хэгуэшауэ. Абы блэкIар къепщытэж, ит зэманыр егъэнаIуэ. Лъэпкъым и къэкIуэнур зыхуэдэнум ущегупсыскIи узэжалIэр аращ. Бзэмрэ хабзэмрэ зэщIыгъущ, абыхэм къапкърокIыж лъэпкъым и шыфэлIыфэ екIухэр. Сыт хуэдэ адыгэ лъэпкъым и хьэлыр, и хабзэр, и щэнхабзэр? Нобэ бзэр хъумэным хуэныкъуэ е езы лъэпкъыр къихъумэрэ абы? Сыт хуэдэ Iэмалхэр щыIэ щIэблэм анэдэлъхубзэр яIурылъхьэным теухуауэ, сыт нэхъыщхьэу хэлъ ди лъэпкъ шыфэлIыфэм? Сыт лъэпкъым и къарур, и тIасхъапIэр, и насыпыр? Мы упщIэхэм теухуауэ я гупсысэ къагъэнэIуащ зи IэщIагъэкIэ зэхуэмыдэ цIыху зыбжанэм. Ахэр хэт Хэкум щопсэу, хэти хамэ щIыпIэм щыхэхэсщ. Гъунэгъу зэхуэзыщIыр лъэпкъ Iуэхурщ.
9 апреля, 2025 - 12:19
Дэ мызэ-мытIэу дытетхыхьащ, дытепсэлъыхьащ хамэ къэралхэм щикъухьа ди лъэпкъэгъухэм дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа цIыху щэджащэхэр къазэрыхэкIам. Апхуэдэуи спортым, гъуазджэм, щIэныгъэм, медицинэм, щэнхабзэм, нэгъуэщI лъэныкъуэхэми епха IэщIагъэ зиIэ куэдым я цIэр щыIуащ щыпсэу щIыналъэхэм, ахэращ зи фIыщIэр адыгэр хамэ къэралхэм фIы и лъэныкъуэкIэ къызэрыщацIыхуар, зыхэс лъэпкъхэм пщIэ къызэрыхуащIыр. Дэнэ къэрал щыхэхэс адыгэхэми хэкурысхэми я щхьэр лъагэу езыгъэIэт хъыджэбз щыпкъэщ Тырку Республикэм щыцIэрыIуэ уэрэджыIакIуэ Алтан (Бэгъущэ) Гулджан.
9 апреля, 2025 - 12:00
Тхыдэм хыхьэжа СССР-м епщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэм бжьыпэр иIыгъащ дэ хьэршкIэ дызэджэ космосыр къэгъэIурыщIэн и лъэныкъуэкIэ. ЕхъулIэныгъэ инхэм, дауи, я пэщIэдзэу щытащ дунейм щыяпэ дыдэу ди цIыху Гагарин Юрий абы зэригъэлъэтар (1957 гъэм ЩIым и япэ спутник IэрыщIыр зэриутIыпщам и гугъу умыщIмэ). Хьэршым цIыху кIуэныр ямылей щыхъум къыкъуэкIащ ар кхъухьым икIыу абы хыхьэным и Iуэхур. А къалэным дэгъуэу пэлъэщащ совет еджагъэшхуэхэр: 1965 гъэм гъатхэпэм и 18-м космонавт Леонов Алексей хьэрш зэIухам къикIри, абы дакъикъэ 12-кIэ хэтащ.
9 апреля, 2025 - 11:46
Мэлыжьыхьым и 9, бэрэжьей
♦1938 гъэм къалъхуащ биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Азэмэт Лалушэ.
♦1947 гъэм къалъхуащ литературэдж, критик, къэрал лэжьакIуэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Тхьэгъэзит Юрэ.
♦1954 гъэм къалъхуащ Тыркум щыщ Къайсэр вилайетым и губернатору щыта Джамбулэт (Яхэгуауэ) Нихьэт.
9 апреля, 2025 - 10:21
Абдежым Iэнэр къаухуэ. Симазэ зеплъыхьри щысщ, фIэфIщ икIи фIэгъэщIэгъуэнщ илъагъу псори. «Хэкум щыIэ ди адыгэхэр дэхуэхауэ мэпсэу» жаIэу ефэндыхэм уаз щаткIэ къыхагъэщу зэрыщытар. Пэжкъым. Адыгэхэр апхуэдэу псэункIэ Iэмал иIэкъым. Мес, Iэдэмрэ Асиятрэ «Кабардинка» къэфакIуэ гупым хэту къэрал куэдым щыIащ, си нэкIэ солъагъу абыхэм я псэукIэр.
Пщащэм и гупсысэр жыжьэ щыIэ къыщIэкIынт.
- ИIэт, фи Iэхэр фтхьэщIи Iэнэм фыкъекIуэталIэ, - жиIащ Лила.
|