Календарь событий

12 апреля 2025

Къыхэшэнущ къэрал 80-м щыщхэр

«Урысей зэкъуэт» политикэ партым къызэригъэпэщ «Те­кIуэныгъэм и Iуэрытхыр» (диктантыр) мы гъэм мэ­лыжьыхьым и 25-м иригъэ­кIуэкIынущ.

«ТекIуэныгъэ» орденыр

Совет къэралым и зауэ дамыгъэхэм я нэхъ лъагэ дыдэщ. Ар хуагъэфащэрт зы фронтым е фронт зыбжанэм зауэ Iуэхухэр ехъулIэныгъэкIэ ще­зыгъэкIуэкIа, Дзэ Плъы­жьыр зыунэтIа дзэпщхэм, дзэзешэхэм, дзэ унафэщIхэм. ­Дамыгъэр СССР-м и Совет ­Нэхъыщхьэм и Президиумым 1943 гъэм щэкIуэгъуэм и 8-м къищта унафэм ипкъ иткIэ ягъэуващ. Орденым и теплъэр зыщIар СССР-м Зауэ щIыбым щекIуэкI Iуэхухэр къызэгъэпэщынымкIэ и къулыкъущIапIэм и сурэтыщI нэхъыщ­хьэ Кузнецов Александрщ.

ЗэгурыIуэныгъэ щхьэпэ

КъБР-м Курортхэмрэ туриз­мэмкIэ и министерствэмрэ республикэм и Сату-промышленнэ па­латэмрэ щIыналъэм промыш­леннэ туризмэм зыщегъэу­жьы­ным хуэунэтIа зэгурыIуэныгъэ зэращIылIащ. 

«ГъащIэм и мафIэ»

Дыгъуасэ Налшык къыщызэIуахащ «ГъащIэм и мафIэ» урысейпсо марафоныр. Ар теухуащ къупщхьэ куцIым и донор хъуным цIыху нэхъыбэ къыхуеджэным.

КъыдэкIуэтей щIэблэм йогугъу

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ лэжьыгъэ IуэхукIэ IущIащ УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым и Къэрал Думэм дэлажьэ ЩIа­лэгъуалэ парламентым и унафэщI, СВО-м хэт ­Николаев Артём. 

Хьэршыр къызэрагъэIурыщIар

Уафэм иралъагъуэ вагъуэ­хэр ижь-ижьыж лъандэрэ цIыху­хэм къадокIуэкI нэри пэри зыхьэхурэ псэр дэзы­хьэхыу щыIэ псоми я нэхъ ­лъапIэхэм ящыщ зыуэ. 

ЦIыхубэ артистым IуощIэ

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-­Балъкъэр къэрал университетым щIэх-щIэхыурэ жэрдэм гъэщIэгъуэнхэр къыхелъхьэ, пэхуэщIэ хьэлэмэтхэр къызэрегъэпэщ. Ахэр щIалэгъуа­лэм ирагъэкIуэкI щэнхабзэ Iуэхугъуэхэм къы­щыу­выIэркъым, атIэ абыхэм кърашалIэ щIыналъэм и псэкупсэ гъащIэр зыунэтI, щIэблэм я зэ­хэщIыкIыр къэзыIэт цIыху цIэрыIуэхэр. Ап­хуэдэщ «ЦIыху цIэрыIуэхэм дадоуэршэр» фIэ­­щыгъэр зыхуащIа пэхуэщIэри. Апхуэдэ зэIущIэхэр егъэкIуэкIынымкIэ жэрдэмщIакIуэ ­хъуащ ЦIыпIынэ Аслъэн и цIэр зезыхьэ Адыгэ щэнхабзэ центрыр.

Жылагъуэм я жьауэм щIэту

КъБР-м и Парламентым дэлажьэ Жылагъуэ советым и унафэщI Бечелов Ильяс зи чэзу зэIущIэр иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ. Абы хэтащ республикэм и хабзэубзыху IуэхущIапIэм и УнафэщIым и къуэдзэ Жанатаев Сэлим.

Щапхъэ зытрахщ Мухьэмэд

Мы махуэхэм и ныбжьыр илъэс 65-рэ ирокъу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и прокуратурэм и ветеран Къармэ Мухьэмэд Машэ и къуэр. АбыкIэ йохъуэхъу  ­къулыкъур зыдрихьэкIахэр, нобэ ла­жьэ­хэр.