Календарь событий

14 апреля 2025

Гукъыдэж зыгуэш ГъукIакъуэ Идар

ГъукIакъуэ Идар концерт къызэгъэпэщакIуэщ, «Гучаков Промоушен групп» зи фIэщыгъэ IуэхущIапIэр егъэлажьэ. Идар и гупым екIуу ирагъэкIуэкI зызрапщыт Iуэхухэр, фIыщIэрэ щытхъурэ яIэщ. ГъукIакъуэр маркетолог IэщIагъэм Чехием, Прагэ, щыхуеджащ Финансхэмрэ правэмкIэ школ нэхъыщхьэм. ГъукIакъуэ Идар и илъэс 30-р щигъэлъапIэм ирихьэлIэу и IэщIагъэм, зэлэжьхэмрэ зыдихьэххэмрэ теухуауэ депсэлъащ. КъыщIэддзащ IэщIагъэм зэрыхэзэгъамкIэ, япэ лъэбакъуэ хуэхъуамкIэ.

Куэдым уезыгъэгупсыс зэIущIэ

Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщахьрэ илъэс 80 зэрырикъум ирихьэлIэу иджыблагъэ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей драмэ театрым зэхуэс щIагъуэ щекIуэкIащ. «I94I–I945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм къыщахьа ТекIуэныгъэ Иныр: лIэужьхэм я еплъыкIэр» фIэщыгъэр зыгъуэта зэхуэсым кърихьэлIащ совет цIыхубэм зэрихьа лIыгъэмрэ къихьа ТекIуэныгъэ Инымрэ яхуэфащэ пщIэр ирату тхыдэр зэблэзыхъуну хущIэкъухэм зэрапэщIэувэну Iэмалхэм епха гупсысэхэмкIэ зэдэгуэшэн папщIэ.

Офицер хахуэ

Ди къэралым и Президентым и унафэкIэ Украинэм илъэс еплIанэ хъуауэ щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам ди лъэпкъэгъухэм ящыщ куэд хахуагъэрэ лIыхъужьыгъэрэ къыщагъэлъагъуэ. Щхьэмыгъазэу бийм пэщIэт зауэлIхэм захуагъэм папщIэ я псэр ят, хэкум и къыщхьэщыжакIуэ нэсу щыту. Ди тхыгъэ кIэщIыр зытеухуа адыгэ щIалэщIэр апхуэдэт. Гъуэтыж Азэмэт Мурат и къуэр, лIыгъэр зи гъуазэу зэуапIэ губгъуэм ита офицер хахуэр, биишэм ихьауэ щытащ илъэситI ипэкIэ…

Псэм и закъуэ къыщынэм деж

Литературэ

Псэм и закъуэ къыщынэм деж

 

- АIей, нобэ ебгъашэ хъун пщащэ ухъуаи, сыту удахащэ, арыншами удахэт, ауэ мис мыбыхэм нэхъ дахэж ущIохъукI, си фэеплъу зепхьэнщ…

ТекIуэныгъэм телэжьа газет

«Адыгэ псалъэм» къикIуа тхыдэ гъуэгуанэм дыщриплъэжым деж, адрей псом нэхърэ нэхъ тфIэгъэщIэгъуэнщ ар Хэку зауэшхуэм и зэманми къыдэкIыу зэрыщытар. А лъэхъэнэм ди газетым зэрихьэу щытащ «Социалистическэ Къэбэрдей-Балъкъэр» цIэр. ТекIуэныгъэр илъэс 80 щрикъу мы илъэсым абы и къыдэкIыгъуэхэм уахэплъэжыным и мыхьэнэр ин дыдэщ икIи куэдым уезыгъэгупсысщ.

Япэ щIыкIэ гъуэгухэр…

Къэбэрдей-Бэлъкъэрым транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министр ДыщэкI Аслъэн щIыпIэ гъуэгу управленэм, муниципалитетхэм, ухуэныгъэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэр игъусэу къызэхикI

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Унафэ

1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж Дзэ Iуэху хэхам хэтхэр, нэгъуэщI цIыхухэр, я унагъуэхэм щыщхэр псэуныгъэкIэ даIыгъыныр икIи абыхэм ядэIэпыкъуныр зэщIэгъэуIуэнымкIэ щыIэ комиссэм хэтхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2023 гъэм мэлыжьыхьым и 5-м къыдигъэкIа унафэ №79-РГ-мкIэ къащтам мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:

а) Комиссэм хэгъэхьэн Къуэдзокъуэ М.М. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщIыр (Комиссэм и унафэщIщ);

НОБЭ

Мэлыжьыхьым и 14, блыщхьэ

♦1950 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и дохутыр Безрокъуэ Олег.

♦1951 гъэм къалъхуащ биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъМУ-м и профессор Тау Ибрэхьим.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уфауэ щыщытынущ.  Хуабэр махуэм    градуси 10, жэщым   градуси 7 - 8 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ: